16 КъомыдаӀуэмэ, зы цӀыху е цӀыхуитӀ зыщӀыгъуи, уи къуэшым деж кӀуэ. «ЩыхьэтитӀым е щыхьэтищым жаӀэмкӀэ дэтхэнэ псалъэри гъэщыпкъа хъунущ» итӀанэ.
Фи деж мыр ещанэу сынокӀуэ. Абы щыгъуэ щыхьэтитӀым е щыхьэтищым къыжаӀэмкӀэ фэ фщыщ гуэр зэрывгъэкъуаншэ дэтхэнэ Ӏуэхур ягъэпэжа хъун хуейщ.
ЦӀыхуитӀ е цӀыхуищ щыхьэт темыхъумэ, члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм ящыщ зыгуэрым зэригъэкъуаншэр умыдэ.
ЦӀыхуитӀым я щыхьэтыгъэр зэрырикъунур фи Торэт хабзэми итщ.
Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм едэӀуэну зымыдэм щыхьэтитӀ е щыхьэтищ къыщытехъуэкӀэ, гущӀэгъу хуамыщӀу, укӀ тралъхьэу щытащ.
Си щыхьэтитӀым лъэкӀыныгъэ естынущ икӀи абыхэм щыгъуэ щыгъынхэр ящыгъыу, я гум Тхьэм кърилъхьа псалъэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм ятеухуахэм цӀыхухэр махуэ минрэ щитӀрэ тӀощӀкӀэ ирагъэдэӀуэнущ абыхэм».