13 Пэжыр нывжызоӀэ, а мэлыр къыщигъуэтыжкӀэ, фӀэмыкӀуэда мэл бгъущӀрэ бгъум нэхърэ а зы мэлым нэхъ щыгуфӀыкӀынущ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи гум гущӀэгъу имылъым Тхьэм гущӀэгъу къыхуимыщӀу хьэкум къытрищӀыхьынущ. Ауэ гущӀэгъур гъэкъуэншэным нэхърэ нэхъ лъэщщ.
– Фэ дауэ феплърэ? Зыгуэрым мэлищэ иӀэу жытӀэнщ. Абыхэм ящыщ зыр фӀэкӀуэдмэ, адрей бгъущӀрэ бгъур Ӏуащхьэм къытринэу, кӀуэуэ, а мэл кӀуэдам лъыхъуэнукъэ?
Апхуэдэу, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэр мы цӀыкӀухэм ящыщ зыри кӀуэдыну хуейкъым.
ФӀылъагъуныгъэр бзаджагъэм щыгуфӀыкӀыркъым, щыпкъагъэрщ зыхуэгуфӀэр.