10 – Фысакъ, мы цӀыкӀухэм ящыщ зыри нэмыплъ евмыт; сэ нывжызоӀэ, мы цӀыкӀухэм я мелыӀыч уафэгурысхэм си Адэу уафэм щыӀэм и нэгур зэпымыууэ ялъагъури.
домбейм иӀэ гуащӀэм хуэдэ къызэптащ, уи дагъэ лъапӀэр къысщыпхуэри, си лъэкӀыныгъэм хэбгъэхъуащ.
МелыӀычхэр Тхьэм хуэӀурыщӀэ псэуэ щытщ, мыкӀуэду Тхьэм къызэрыригъэлынур ӀыхьэфӀу къызылъысыну цӀыхухэм яхуэӀуэхутхьэбзэщӀэну ахэр Тхьэм къегъакӀуэ.
Сыту жыпӀэмэ лажьэ симыӀэу сэр папщӀэ абыхэм щӀауфащ я хъыр; лажьэ симыӀэу, мащэ схуатӀащ абыхэм.
– ЛӀы тхьэмыщкӀэр дунейм ехыжащ, мелыӀычхэм ар Ибрэхьим бегъымбарым деж яхьащ. ЛӀы бейри дунейм ехыжри щӀалъхьэжащ.
Бжьамиишхуэм и макъ жаныр къэӀунущ итӀанэ икӀи ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и мелыӀычхэр иригъэжьэнущ икӀи абыхэм дуней лъэныкъуиплӀкӀи, зы уафэ гъунэм щыщӀэдзауэ адрей уафэ гъунэм нэсыху, езым къыхиха цӀыхухэр къыхашурэ, абы къыхузэхуашэсынущ.
– Тхьэм и пащхьэм ит ДжэбрэӀил мелыӀычыр сэращ, – къыжриӀащ мелыӀычым. – Мы хъыбарыфӀыр ныбжесӀэн щхьэкӀэ, сынопсэлъэну Тхьэм сыкъигъэкӀуащ.
Апхуэдэу, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэр мы цӀыкӀухэм ящыщ зыри кӀуэдыну хуейкъым.
– Ауэ сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ мы цӀыкӀухэм ящыщ гуэрым гуэныхь ищӀэну дезыгъэхьэх дэтхэнэми и пщэм щхьэл мывэ кӀэращӀэу, хым и кууупӀэм хадзэрэ ирагъэтхьэлатэмэ, езым дежкӀэ нэхъыфӀт.
Ирод лӀа нэужь, Зиусхьэным и мелыӀычыр пщӀыхьэпӀэу Мысырым къыщыхуэкӀуэри,
Тхьэгурымагъуэхэр кӀуэжа нэужь, Зиусхьэным и мелыӀычыр пщӀыхьэпӀэм хэту Исуф къыхуэкӀуащ. – Къэтэдж, – жиӀащ мелыӀычым, – сабиймрэ абы и анэмрэ здэши, Мысырым кӀуэ. Хъыбар уэзгъэщӀэху, абы щыӀэ, сабийр иукӀын щхьэкӀэ, Ирод къилъыхъуэнущи.
Исуф а Ӏуэхум пыхьауэ, Зиусхьэным и мелыӀычыр абы пщӀыхьэпӀэу къыхуэкӀуащ. – Даут и къуэ Исуф, – къыжиӀащ абы, – Мэрием къэпшэну умышынэ; абы къилъхуну сабийр къызыхэкӀыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арщ.
Аращи, мы унафэр зымыдэм цӀыхуракъым имыдэр, атӀэ Тхьэуэ езым и Псэ ЛъапӀэр ди гум къизылъхьарщ.
Фыщышхэн икӀи фыщефэн унэхэр фиӀэкъэ? Е Тхьэм и члисэ зэхуэсыр зэвмыпэсу, зыри зимыӀэр вгъэукӀытэну ара? Сыт нывжесӀэнур? Сыфщытхъун? Хьэуэ, сыфщытхъунукъым.
Зыми нэмыплъ кърыремыт. Арэзыуэ си деж къэкӀуэжыну и гъуэгукӀэ дэӀэпыкъуэгъу фыхуэхъу. Къуэшхэр си гъусэу сыпоплъэ.
Уи къуэшыр сыт щӀэбгъэкъуаншэр? Уэ уи къуэшыр сыт щӀызумыпэсыр? Дэ псори Тхьэм и пащхьэм диувэн хуейщ, хьэкум къыттрищӀыхьыну.
Тхьэуэ зи бынхэм сащыщу сызыхуэлажьэм и мелыӀычыр ныжэбэ къысхуэхутэри,
Ирод пащтыхьым Тхьэм щӀыхьышхуэ зэрыхуимыщӀам щхьэкӀэ, Тхьэм и мелыӀыч гуэр а дакъикъэ дыдэм къригъэуащ. ХьэпӀацӀэхэм яшхыурэ, абы и псэр хэкӀащ.
– Уэ жыпӀэр пщӀэжыркъым, – къыжраӀащ абыхэм. Ауэ хъыджэбзыр жиӀам текӀакъым. ИтӀанэ жаӀащ: – Ар Петр и мелыӀычырагъэнущ.
Шэджагъуэнэужьым сыхьэтыр щым нэблэгъауэ, Тхьэм и мелыӀычыр абы къыбгъэдыхьэщ, «Корнелий!» жиӀэри и пащхьэ къихутащ.
Ауэ жэщым Зиусхьэным и мелыӀычым лъэхъуэщым и бжэхэр Ӏуихщ, ахэр къыщӀишыжри, жиӀащ:
КъиутӀыпщри и шабзэшэхэр къатрипхъащ и бийхэм, ирикъухьащ ахэр бжыкӀэ.
НэгъуэщӀ тхьэхэм хуэлажьэхэм гукъеуэ куэд къызыхуахьыж, лъыр зыхэт я къурмэн ядэсщӀынкъым, я тхьэхэм селъэӀункъым, я цӀэхэм я гугъу къэсщӀынкъым.
Уи ныбжьыщӀагъэм щхьэкӀэ, зыми нэмыплъ зрумыгъэт, ауэ псалъэхэмкӀэ, псэукӀэмкӀэ, фӀылъагъуныгъэмкӀэ, фӀэщхъуныгъэмкӀэ, гукъабзагъэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щапхъэ яхуэхъу.
ФӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэхэм си фӀагъ езгъэкӀын щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэхэм хуэдэу зысщӀащ. Лъэныкъуэ псомкӀи цӀыху псоми хуэдэу зысщӀащ, нэгъуэщӀ мыхъуми, цӀыху гуэрхэр мыкӀуэду къелын щхьэкӀэ.
Дэ, фӀэщхъуныгъэшхуэ зиӀэхэр, ди фӀагъым и ужь димыту, фӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэхэм я хьэлъэхэмкӀэ дэӀэпыкъуэгъу дахуэхъун хуейщ.
Лы умышхыныр, фадэ уемыфэныр, уи къуэшым и гъуэгум зыгъэлъэпэрэпэн мывэ теплъхьэну ухэмытыныр, е абы гуэныхь ищӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхум ухэмытыныр фӀыщ. Апхуэдэу, уи къуэшым зыри лъэмыкӀыж зыщӀ Ӏуэхуми ухэмытыныр фӀыщ.
Тхьэм и пащхьэм ит мелыӀычиблыр слъэгъуащ итӀанэ. МелыӀыч гуэрым бжьамиишхуибл абыхэм яритащ.
Ди къуэшхэ, цӀыху гуэрым гуэныхь ищӀэмэ, фэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум илъхэм, гущабагъэкӀэ ар гъуэгу захуэм тевгъэхьэж. Гуэныхь щӀэным зэрызыдевмыгъэхьэхыным фыхуэсакъ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зыгуэрым мыпхуэдэу къыжеӀэ: «И тхылъхэмкӀэ пхъашэщ икӀи лъэщщ, ауэ езыр лъэкӀыныгъэ зимыӀэщ, къыжиӀэхэми пщӀэ хуащӀыркъым».
ЗэрыжыфӀэмкӀэ сэ, Паул, фи пащхьэм сит щыхъукӀэ, сошынэ, ауэ сыфпэжыжьэ щыхъукӀэ, согушхуэ – сэ Мэссихь и гущабагъэрэ и ӀэсагъэкӀэ сыныволъэӀу.
– Фэ къывэдаӀуэр сэри къызодаӀуэ. Фэ фызымыдэм сэри сидэркъым, сэ сызымыдэм сэ сыкъэзыгъэкӀуари идэркъым.
НыкъуэкъищӀыкӀ хъуа* къамыл кърищӀыкӀынукъым, ерагъыу блэ уэздыгъэку игъэункӀыфӀынукъым, щыпкъагъэр тригъэкӀуэху.
ЦӀыхухэм ящӀа шэтыру, Тхьэр здэщыӀэ щӀыпӀэ пэжым и сурэту щытыракъым Мэссихь зыщӀыхьар, атӀэ уафэу Тхьэр здэщыӀэ щӀыпӀэ дыдэрщ зыщӀыхьар, Тхьэм и пащхьэм дэр щхьэкӀэ иджы ихьэну.