6 Ар щызэхахым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр хуабжьу къэшынэри, щӀым бгъэгукӀэ зытрадзащ.
Уафэм къиӀукӀа а макъыр ди тхьэкӀумэхэмкӀэ зэхэтхащ, абы дригъусэу Ӏуащхьэ лъапӀэм дытетащи.
Псори щӀым дытеджалэри, макъ гуэрым журтыбзэкӀэ мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ: – «Щаул, Щаул, сыт гугъу сыщӀебгъэхьыр? Выр зейм и баш кӀыхь папцӀэм выр къызэрелъэкъуауэм хуэдэу пщӀымэ, уи зэран зыбогъэкӀыж».
ЩӀым сытеджалэри, макъ гуэрым къызжиӀэу зэхэсхащ: – «Щаул, Щаул. Сыт гугъу сыщӀебгъэхьыр?»
Петр здэпсалъэм, пшэ Ӏэрамэ нэху напӀэзыпӀэм абыхэм къащхьэщыхьащ. А пшэм макъ къыхэӀукӀащ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр. Абы жиӀэм федаӀуэ.
Хьисэ абыхэм къабгъэдыхьэри, ӀэпэкӀэ еӀусэурэ жиӀащ: – Фыкъэтэдж, фымышынэ.