24 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ итӀанэ: – Си ужь зыгуэр къиувэну хуеймэ, езыр зыхуей Ӏуэхугъуэхэр кърегъанэ, лӀэныгъэм и жорыр кърещти, си ужь къреувэ.
Ар хэтуи щрет, и жорыр къищтэу си ужь къимыувэр сэ къысхуэфащэкъым.
Ар хэтуи щрет, и жорыр зыхьу сэ си ужь къимыувэм си гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ хъун лъэкӀынукъым.
Ар щыжиӀэм, Хьисэ а лӀым еплъщ, игу ирихьри, жриӀащ: – Зыщ уи щыщӀагъэр. КӀуэ, уиӀэ псори щэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэгуэш. Уафэм мылъкушхуэ ущиӀэ хъунущ абы щыгъуэ. Жорыр къащтэ, къакӀуи, си ужь къиувэ итӀанэ.
Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум илъу, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщу псэуну хуей дэтхэнэми цӀыхухэм гугъуехь ирагъэшэчынущ.
Хьисэ цӀыху гупышхуэмрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ къриджэри, яжриӀащ итӀанэ: – Си ужь зыгуэр къиувэну хуеймэ, езыр зыхуей Ӏуэхугъуэхэр кърегъанэ, лӀэныгъэм и жор кърещти, си ужь къреувэ;
ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэр а къалэхэм щагъэгушхуэри, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум темыкӀыну быдэу хуагъэуващ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* гугъуехь тшэчурэ дыщӀыхьэн хуейщ, – жраӀащ абыхэм.
Иджы, сэ си фӀагъ фэ фэзгъэкӀын щхьэкӀэ, гугъуехь сыхэтми, согуфӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь и пкъ, члисэ зэхуэсым, си фӀагъ езгъэкӀын папщӀэ, сэ сшэчын хуейуэ Мэссихь схухиха гузэвэгъуэхэр иджы сипкъкӀэ сшэчурэ и кӀэм нызогъэс.
Хьисэ, и жорыр ихьурэ, къалэм дэкӀри, «Щхьэ къупщхьэ» жыхуаӀэ щӀыпӀэм кӀуащ. А щӀыпӀэм журтыбзэкӀэ Голгофэщ зэреджэр.
Къалэм къыщыдэкӀым, Симон и цӀэу Кириние къалэм щыщ лӀы гуэрым хуэзащ. Щыхуэзэм, Хьисэ и жорыр ихьыну Симон хагъэзыхьащ.
Кириние къалэм щыщу, Симон и цӀэу лӀы гуэр щыӀащ. Ар Александррэ Руфрэ я адэт. Ар губгъуэм къикӀыжу блэкӀ пэтрэ, хуэзэхэри, Хьисэ и жорыр ихьыну хагъэзыхьащ.
Хьисэ жорым ираӀулӀыну преторием щрашым, Кириние къалэм щыщ лӀы гуэр, Симон и цӀэу, губгъуэм къикӀыжу хуэзащ. Ар къаубыдщ, жорыр и дамэм тралъхьэри, Хьисэ и ужь иту жорыр ихьыну хагъэзыхьащ.
Хьисэ апхуэдэу щӀыжриӀар Петр и лӀэкӀэ хъунур, Тхьэм и щӀыхьыр зэриӀэтыну щӀыкӀэр гуригъэӀуэн щхьэкӀэщ. Ар ириӀуэкӀа нэужь: – Сэ си ужь къиувэ, – жриӀащ абы Хьисэ.
– Сэ дунейм сыкъэкӀуэжыхукӀэ, ар псэуну сыхуеймэ, сыт уи Ӏуэхуу абы хэлъыр? – жиӀащ Хьисэ. – Уэ си ужь къиувэ!
Апхуэдэу фыпсэуну Тхьэм фыкъыхуриджащ, Мэссихьи фэр щхьэкӀэ гугъуехь ишэчащ, и лъэужьым фрикӀуэн папщӀэ, щӀапхъэхэр фигъэлъэгъуащи.