Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 16:18 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

18 Сэ ныбжызоӀэ, уэ у-Петрщ, уэ мывэм ухуэдэщ, сэ си члисэр уэ птесщӀыхьынущ икӀи лӀэныгъэм и къарухэр а члисэм пэлъэщынукъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 16:18
42 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Аращ пкъыуэ члисэ зэхуэсым и щхьэр. Аращ члисэ зэхуэсыр зэфӀэзыгъэувари, лӀахэм япэ къахэтэджыкӀыжари. Апхуэдэу, сыт и лъэныкъуэкӀи япэр аращ.


Индрис Хьисэ деж Симоныр къишащ. Симон щилъагъум, Хьисэ къыжриӀащ: – Уэ у-Симону Иуан урикъуэщ. КифэкӀэ къоджэнущ. (Кифэм къикӀыр «Мывэщ».)


Аращи, зыми имыгъэхъеифыну тепщэныгъэр Тхьэм къызэрыдитым щхьэкӀэ фӀыщӀэ хуэдвгъэщӀ. ДгъэлъапӀэу, фӀэлӀыкӀ худиӀэу, и гум дрихьу дыхуэвгъэлажьэ,


Тхьэм щӀыхь хуащӀырт икӀи цӀыху псоми я гум дыхьэрт. Зиусхьэным мыкӀуэду къригъэлхэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я бжыгъэм махуэ къэс хигъахъуэрт.


Сынэгувэмэ, Тхьэм и унагъуэм щыщхэр зэрыпсэун хуейр мы тхылъым уигъэщӀэнущ. Тхьэм и унагъуэм щыщхэр гъащӀэ зиӀэ Тхьэм и члисэ зэхуэсыр арщ. А члисэ зэхуэсыращ щыпкъагъэр зытет пкъори лъабжьэри.


А псалъэхэм яхэлъ щэхур щэхушхуэщ: Сэ къызэрызгурыӀуэмкӀэ, а псалъэхэр зытеухуар Мэссихьрэ члисэ зэхуэсымрэщ.


Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар члисэ зэхуэсым и хьэтыркӀэ и акъылыфӀагъэ зэмылӀэужьыгъуэм и хъыбарыр уафэм щыӀэ Ӏэтащхьэхэми, тепщэныгъэ зиӀэхэми иджырей зэманым яригъэщӀэн щхьэкӀэщ.


А къалэм и блыным лъабжьэ пщыкӀутӀ иӀэт. А лъабжьэхэм Щынэм и апостол пщыкӀутӀым я цӀэхэр тетхат.


Стефан зэраукӀар Щаул фӀэзахуэщ. Члисэ зэхуэсым щыщу Ерусалим дэсхэр хуабжьу къызэрахуэкӀыу щӀадзащ цӀыхухэм а махуэ дыдэм. Апостолхэм нэмыщӀ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори Иудей, Самарие хэкухэм щызэбгрыкӀащ.


Сыту жыпӀэмэ лъы зыгъажэр егъэпшынэ. Гу лъетэ, зэхех хэутэн ящӀахэм я гукъеуэ макъ.


Зи унагъуэр зезымыхьэфыр Тхьэм и члисэ зэхуэсым дауэ зэрыкӀэлъыплъыфынур?


Къуэшхэм пашэ пкъоууэ ялъытэу, Екъуб, Кифэ, Иуан сымэ Тхьэм и нэфӀ къызэрысщыхуар ящӀати, ахэри, сэри, Варнавэри дызэрызэдэлажьэм и нэщэнэу ди Ӏэхэр къаубыдащ: Дэ хамэ лъэпкъхэм я деж дыкӀуэн хуеящ, ахэр сунэт ящӀахэм я деж кӀуэн хуеящ.


Абыхэми едэӀуэн имыдэмэ, члисэ зэхуэсым щыщхэм я пащхьэм илъхьэ Ӏуэхур. Члисэ зэхуэсыми едэӀуэн имыдэмэ, ар хамэ лъэпкъхэм ящыщ е хьэкътын ахъшэр хэзых гуэрхэм яхуэдэ ирехъу уэркӀэ.


Уэ, Капернаум къалэ, уафэм удэкӀуеину? Хьэуэ, жыхьэнмэм и кууупӀэм нэсыху укӀуэцӀрыхунущ, уи деж щызлэжьа Ӏуэхушхуэхэр Содом къалэм щызлэжьатэмэ, ар иджыри къэс щытынути.


А апостол пщыкӀутӀыр мыхэращ: Япэрауэ ПетркӀэ зэджэ Симоныр; абы и къуэш Индрис; Зеведей и къуитӀу Екъубрэ Иуанрэ;


Си нэфӀ ныпщыхуэнущ, уэ къыптехъукӀыну бынхэри згъэбэгъуэнущ, уафэм ит вагъуэхэмрэ хы Ӏуфэм Ӏулъ пшахъуэмрэ я бжыгъэм хуэдизу; икӀи къаӀэщӀыхьэнущ уэ къыптехъукӀыну бынхэм я бийхэм я къалэхэр.


Ебланэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ итӀанэ. Уафэм макъышхуэхэр къиӀукӀащ абы щыгъуэ: «Ди Зиусхьэнрэ езым и Мэссихьрэ мы дунейм тепщэныгъэшхуэ хуаӀэ хъуащ. Тхьэр арщ тепщэныгъэшхуэр игъащӀэкӀэ зиӀэнур».


«Уэ, лӀэныгъэ, уи шэрэзым и къарур дэнэ щыӀэ? Уэ, жыхьэнмэ, уи текӀуэныгъэр дэнэ щыӀэ?»


Цион къалэм щыӀэу, Зиусхьэным и нэфӀ къыпщыхуэнщ, Махуэ къэси, упсэуху, Ерусалим и щыӀэкӀэ тхъэгъуэ урелъагъу.


Зиусхьэн! Къызэхэх си макъыр. Си лъэӀу псалъэхэм я макъым уи тхьэкӀумэхэр къыхуресакъ.


Галилей гуэлым и Ӏуфэм Ӏуту кӀуэурэ, зэшитӀ ирихьэлӀащ Хьисэ. ПетркӀэ зэджэ Симонрэ абы и къуэш Индрисрэт ахэр. Абыхэм хъыр гуэлым хадзэрт, бдзэжьеящэти.


– Аращи, си псалъэхэр зэхихэу ахэр зыгъэзащӀэ дэтхэнэри зыхуэдэр зи унэр мывэ быдэм тезыщӀыхьа цӀыху губзыгъэрщ.


Фызыхуэсакъыж, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм хъумакӀуэу фызыхуигъэува цӀыху гупми фахуэсакъ. Мэлыхъуэм и нэӀэр мэлхэм зэратригъэтым хуэдэу, Зиусхьэнми Тхьэми я члисэ зэхуэсым щыщу, Хьисэ и лъы уасэкӀэ къищэхуахэм фи нэӀэ ятевгъэт.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ