39 Хьисэ цӀыху гупышхуэр иутӀыпщыжа нэужь, кхъуафэжьейм итӀысхьэри, Магадан хэкум кӀуащ итӀанэ.
ЦӀыхухэр иутӀыпщыжа нэужь, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу кхъуафэжьейм итӀысхьэри, Далмануфэ жылэм и Ӏэхэлъахэм кӀуащ.
Хьисэ цӀыху гупышхуэхэр иригъэжьэжыху зыпимыгъаплъэу, и гъуэгу ирикӀуэхэр кхъуафэжьейм иригъэтӀысхьащ итӀанэ, гуэлым зэпрыкӀын щхьэкӀэ.
ЦӀыхубзхэмрэ сабийхэмрэ нэмыщӀ, шхахэр цӀыху миниплӀ хуэдиз хъурт.
Арати, цӀыху гупышхуэр къытемызэрыгуэн щхьэкӀэ, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ зы кхъуафэжьей хьэзыр езым щхьэкӀэ гуэл Ӏуфэм щаӀыгъыну.