Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 15:32 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

32 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къриджэри яжриӀащ: – Мы цӀыхубэм сигу ящӀогъу; махуищ мэхъу зэрызигъусэри, шхын яӀухуакъым. МэжалӀэу сутӀыпщыжыну сыхуейкъым. Къарууншэ хъунурэ, гъуэгум текӀуэдэнущ ахэр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 15:32
17 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Мэлыхъуэ зыбгъэдэмыт мэл хъушэм хуэдэу ешауэ, захъумэжын ялъэмыкӀыу цӀыхухэр щилъагъум, Хьисэ игу ящӀэгъуащ.


Нэху ща нэужь, Паул, псоми шхэну елъэӀуурэ, мыпхуэдэу жиӀащ: – Нобэ махуэ пщыкӀуплӀ мэхъу фыгузавэурэ фэ зыри зэрывмышхрэ.


Дин пашэшхуэу диӀэр лъэкӀыныгъэ зэрыдимыӀэр къызыгурыӀуэн зылъэмыкӀ дин пашэшхуэкъым. ШейтӀаным гуэныхь дигъэщӀэну зэрыхэтым хуэдэу, ди дин пашэшхуэми сыт и лъэныкъэукӀи гуэныхь иригъэщӀэну хэтащ ар, ауэ гуэныхь иригъэщӀэн хущӀэфӀэкӀакъым.


Зиусхьэным фызабэр щилъагъум, игу щӀэгъури жриӀащ: – Умыгъ, ди анэ!


– Жин бзаджэм ар игъэкӀуэдын щхьэкӀэ, мафӀэми псыми куэдрэ хедзэ. Зыгуэр пхузэфӀэкӀынумэ, гущӀэгъу къытхуэщӀи, къыддэӀэпыкъу.


– Зиусхьэн, а пцӀыупсыр щыпсэум щыгъуэ, «Махуищ нэужьым лӀахэм сакъыхэтэджыкӀыжынущ» зэрыжиӀэгъар дигу къэкӀыжащ, – жаӀащ абыхэм.


ГущӀэгъу яхуищӀри, Хьисэ абыхэм я нэхэм еӀусащ. Абыхэм я нэхэр къэплъэжащ асыхьэтым икӀи Хьисэ и ужь иуващ.


Инус бегъымбарыр бдзэжьей иным и ныбэм жэщищ-махуищкӀэ зэрилъам ещхьу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэри щӀылъэм и кууупӀэм жэщищ-махуищкӀэ щӀэлъынущ.


А хъыбарыр щызэхихым, цӀыхухэм яхэкӀри, щӀыпӀэ пхыдза гуэрымкӀэ и закъуэу кхъуафэжьейкӀэ иунэтӀащ Хьисэ. Ар щызэхахым, цӀыху гупышхуэ къалэхэм къыдэкӀри, Хьисэ лъэсу кӀэлъыкӀуащ.


– Мыпхуэдиз цӀыхум яхурикъун щӀакхъуэ мы губгъуэ нэщӀым дэнэ щыбгъуэтын? – къыжраӀащ и гъуэгу ирикӀуэхэм Хьисэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ