Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 15:29 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

29 Абы и ужкӀэ, а щӀыпӀэм икӀыжщ, Галилей гуэлым Ӏухьэщ, Ӏуащхьэм дэкӀуейри, Хьисэ абдежым щытӀысащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 15:29
12 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Галилей гуэлым и Ӏуфэм Ӏуту кӀуэурэ, зэшитӀ ирихьэлӀащ Хьисэ. ПетркӀэ зэджэ Симонрэ абы и къуэш Индрисрэт ахэр. Абыхэм хъыр гуэлым хадзэрт, бдзэжьеящэти.


Галилей гуэлым (Тивериадэ гуэлыр арщ) Хьисэ кхъуафэжьеймкӀэ зэпрыкӀащ абы и ужькӀэ.


ЦӀыху гупышхуэхэр щилъагъум, Ӏуащхьэм дэкӀуейри, Хьисэ етӀысэхащ. ЩетӀысэхым, и гъуэгу ирикӀуэхэр абы къыбгъэдыхьащ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм Тивериадэ гуэлым деж аргуэру закъыщригъэлъэгъуащ абы и ужькӀэ. Ар зэрыхъуар мыпхуэдэущ:


Абы хэту, Зиусхьэн Хьисэ Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀа нэужь, цӀыхухэм щӀакхъуэхэр щашха щӀыпӀэм и гъунэгъуу, Тивериадэ къалэм къикӀыу нэгъуэщӀ кхъуафэжьейхэр къесылӀащ.


Зэгуэрым, Геннисарет гуэлым и Ӏуфэм Ӏуту, Тхьэм и псалъэхэм едэӀуэн щхьэкӀэ, цӀыху гупышхуэ зэхуэсри, Хьисэ къыжьэхэзэрыхьащ.


Галилей гуэлым и Ӏуфэм Ӏуту кӀуэурэ, Хьисэ Симонрэ абы и къуэш Индрисрэ хъыр псым хадзэу илъэгъуащ, ахэр бдзэжьеящэти.


Абы деж къыщызэхуэса цӀыхухэр апхуэдизкӀэ куэд хъурти, езыр кхъуафэжьейм итӀысхьащ. ЦӀыху гупышхуэр псы Ӏуфэм Ӏутт.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ