18 Ауэ жьэм къипсэлъыр гум къокӀ. Аращ цӀыхур мыкъабзэ зыщӀыр;
Фэ, блэ щылъхухэ, апхуэдиз бзаджагъэ фхэлъу фӀы зэрыжыфӀэнур дауэ? Жьэм къыжьэдэкӀыр гум илъырщ.
ЦӀыхур мыкъабзэ зыщӀыр и жьэм къыжьэдыхьэр аракъым, атӀэ жьэм къыжьэдэкӀырщ.
Пщым абы жриӀащ: «Уэ уи псалъэхэмкӀэ узгъэкъуэншэжынщ, унэӀут бзаджэ. Уэ пщӀэрт сэ сызэрылӀы пхъашэри, сымыгъэтӀылъар къызэрысщтэжри, тезмысар къызэрытесхыжри.
Зиусхьэным ущыгугъыурэ, фӀы лэжь; шынагъуэншэу щӀым ущыпсэунщ итӀанэ.
– Жьэм жьэдыхьэ псори ныбэм нэсмэ, пкъым къызэрыхэкӀыжыр къывгурыӀуэркъэ?
– ЦӀыхур мыкъабзэ зыщӀыр и гум къикӀыращ, – къыпищащ Хьисэ.