Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 15:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 – Зыри къывгурымыӀауэ ара иджыри? – жиӀащ Хьисэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 15:16
15 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

КъывгурымыӀуэу ара иджыри? ФщӀэжыркъэ, щӀакхъуитхур цӀыху минитхум щахузэгуэсщӀыкӀам, щӀакхъуэ бзыгъэхэр ярызу матэ дапщэ зэхуэфхьэсыжар?


Абы и гъуэгу ирикӀуэхэм а псалъэхэр къагурыӀуакъым, аргуэру къеупщӀыжынуи шынащ.


– Фэри зыри къывгурымыӀуэу ара? – яжриӀащ Хьисэ. – ЦӀыхум ишх ерыскъым ар мыкъабзэ ищӀын зэрылъэмыкӀынур къывгурыӀуэркъэ?


Ауэ а псалъэхэм къикӀыр къагурыӀуакъым. КъагурыӀуэн ялъэмыкӀыну абыхэм ящыбзыщӀат а псалъэр икӀи абыхэм теухуауэ Хьисэ еупщӀын шынэрт.


Хьисэ цӀыху гупышхуэр къриджэри яжриӀащ абы и ужькӀэ: – ФыкъэдаӀуэ икӀи жысӀэр зыгурывгъаӀуэ.


БлэкӀа зэманым фыщеплъкӀэ, мы зэманым фэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр евгъэщӀэн хуеящ, ауэ Тхьэм и псалъэхэм теухуа, япэ дыдэ зэвгъэщӀа Ӏуэхухэр зыгуэрым фигъэщӀэжыну фыхуэныкъуэщ. Фызыхуэныкъуэр шхыныгъуэ гъэткӀугъуейкъым, атӀэ быдзышэщ.


ИтӀанэ Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтхэр ягуригъаӀуэурэ,


АрщхьэкӀэ Хьисэ яжриӀа псалъэхэм щыщу зыри къагурыӀуакъым и гъуэгу ирикӀуэхэм. А псалъэхэм къарыкӀыр ящыбзыщӀауэ щытащ, Хьисэ абыхэм къригъэкӀари зэхащӀыкӀакъым.


сыту жыпӀэмэ ерыщ екӀуати, Хьисэ Ӏуэху телъыджэу щӀакхъуэхэмкӀэ илэжьар къагурыӀуэн ялъэкӀатэкъыми.


«Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ я пщагъэм зыщыфхъумэ», щыжысӀэм, щӀакхъуэракъым сэ жыхуэсӀар, ар щхьэ къывгурымыӀуэрэ?


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм еупщӀащ абы и ужькӀэ: – Мы Ӏуэхугъуэ псори фӀыуэ къывгурыӀуа? – ФӀыуэ къыдгурыӀуащ, Зиусхьэн, – жэуап къатыжащ абыхэм.


Ар щызэхихым, Петр Хьисэ къыжриӀащ: – А ущие хъыбару къыджыпӀам къикӀыр къыдгурыгъаӀуэт.


– Жьэм жьэдыхьэ псори ныбэм нэсмэ, пкъым къызэрыхэкӀыжыр къывгурыӀуэркъэ?


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ