13 – Си Адэу уафэм щыӀэм химыса дэтхэнэ къэкӀыгъэри лъабжьэкӀэ къыхатхъыжынущ, – яжриӀащ Хьисэ.
Си къудамэхэм ящыщу зыри къызыпымыкӀэр пеупщӀ абы; къызыпыкӀэ къудамэ дэтхэнэри еухъуэнщӀ, нэхъыбэ къыпыкӀэн щхьэкӀэ.
ЦӀыху гуэрым и псэм сыт щыгъуи сыщыщ мыхъумэ, къудамэм хуэдэу ар хыфӀадзэжынурэ, гъужынущ. Апхуэдэ къудамэхэр зэхуахьэсынурэ, мафӀэм пэрадзэнурэ ягъэсынущ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ дызэгъусэу Тхьэм дыхуолажьэ. Фэ Тхьэм и хьэсэм фыхуэдэщ, Тхьэм иухуэ унэм фыхуэдэщ.
И гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ еупщӀащ: – Фарисейхэм а жыпӀахэр зэхаха нэужь, я гум мыхъун къызэрырагъэхьар пщӀэрэ?
– Жызумыпкъ пэжыр сэращ, жызумгъэкӀри си Адэращ.
ФыщызэдэшхэкӀэ, апхуэдэ цӀыхухэр фэркӀэ укӀытэгъуэ мэхъу: КъыщывдэшхэкӀэ нэмыс яхэлъкъым, загъэнщӀыркъым. Ахэр уэшх къызыхэмыкӀыу, жьым зэрихуэ пшэхэм хуэдэщ. Бжьыхьэм зыри къызыпымыкӀэу, зи лъабжьэр къыхатхъауэ, тӀэу лӀа жыгхэрщ зыхуэдэр ахэр.