Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 15:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Ерусалим къикӀа фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ деж къакӀуэри, къеупщӀащ:

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 15:1
11 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэр макъышхуэкӀэ къызэрыгъэкӀиящ, фарисейхэм ящыщу торэт егъэджакӀуэ пашэ гуп къэтэджри, адрейхэм еныкъуэкъуурэ, жаӀащ: – Мы лӀым мыхъун гуэр дэтлъагъуркъым. Псэ гуэр е мелыӀыч гуэр къепсэлъауэ къыщӀэкӀынщ. Тхьэм дыпэвмыгъэув.


Ар щалъагъум, фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм губгъэн хэлъу жраӀащ: – Хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ сыт фащӀыдэшхэ-фащӀыдефэр?


Ар щыжиӀэм, торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ ягукӀэ жаӀащ: – Хэт мыр? Тхьэр игъэпцӀыркъэ? Тхьэм фӀэкӀ, хэт гуэныхьхэр игъэгъун зылъэкӀынур?


Хьисэ цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэрт махуэ гуэрым. Галилей, Иудей хэкухэм щыщ жылагъуэ псоми, Ерусалими къикӀа фарисейхэри торэт егъэджакӀуэ пашэхэри Хьисэ къедаӀуэ цӀыхухэм яхэст. Сымаджэхэр игъэхъужыну Зиусхьэным и къарур хэлът Хьисэ.


Ерусалим къикӀа торэт егъэджакӀуэ пашэхэм Хьисэ теухуауэ жаӀэрт: – Велзевул иӀыгъщ ар икӀи жин бзаджэхэм я пашэ а Велзевул и къарукӀэщ жин бзаджэхэр цӀыхухэм абы зэрахихур.


– Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ Мусэ бегъымбарым и тахътэм тетӀысхьащ.


Пэжыр нывжызоӀэ, фэ фи щыпкъагъэр торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ я щыпкъагъэм нэхърэ нэхъ ин мыхъумэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнукъым.


Иуан Хьисэ щыхьэт зэрытехъуар мыращ; Ерусалим щыщ журтхэм дин пашэхэри левитхэри Иуан еупщӀыну ягъэкӀуащ. – Уэ ухэт? – жаӀэу щеупщӀым,


Паул къыщашэм, Ерусалим къикӀа журтхэм къаувыхьри, кӀэрымылъ фӀеягъэ куэд кӀэралъхьэу щӀадзащ, ауэ жаӀэр пэжу къыщӀагъэкӀын ялъэкӀыртэкъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ