Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 14:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 Пащтыхьым ар щызэхихым, хуабжьу гущӀыхьэ щыхъуащ, арщхьэкӀэ хьэщӀэхэм я пащхьэм тхьэ щиӀуати, хъыджэбзыр зыхуейр иратыну унафэ ищӀри,

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 14:9
27 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– ФыкӀуи, – яжриӀащ Хьисэ, – а бажэм жефӀэ: «Сэ жин бзаджэхэр цӀыхухэм нобэрэ пщэдейрэ яхэсхунущ, сымаджэхэми сеӀэзэнущ, си Ӏуэхур ещанэ махуэм сыухынущ».


Ар щызэхихым, пащтыхьыр хуабжьу къэнэщхъеящ, арщхьэкӀэ хьэщӀэхэм я пащхьэм тхьэ щиӀуати, и псалъэм текӀ хъужынутэкъым.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Иуан щыпкъагъэ зигу илъ цӀыху лъапӀэу зэрыщытыр Ирод ищӀэрти, абы щышынэрт икӀи хуэсакъырт. Иуан жиӀэхэм щедаӀуэкӀэ, хуабжьу гузавэрт, итӀани и гуапэу едаӀуэрт.


Хьисэ цӀэрыӀуэ хъуати, и хъыбар Ирод пащтыхьым зэхихащ. Щызэхихым, мыпхуэдэу жиӀащ: – Ар умэхъакӀуэ Иуанырауэ къыщӀэкӀынщ. Ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ, аращ апхуэдэ къару зыхэлъ Ӏуэху телъыджэхэр щӀилэжьыр.


Ирод Иуан иригъэукӀыну хуейт, ауэ цӀыхухэм ящышынэрт, абыхэм Иуан бегъымбару ялъытэрти.


Пщы Ирод, Хьисэ и хъыбарыр зэхихати,


И анэм игъэӀущати, хъыджэбзым жиӀащ: – УмэхъакӀуэ Иуан и щхьэр лагъэм илъу къызэт.


Иуан и щхьэр лъэхъуэщым щыпиупщӀыну зауэлӀ гуэр игъэкӀуащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ