10 Иуан и щхьэр лъэхъуэщым щыпиупщӀыну зауэлӀ гуэр игъэкӀуащ.
– Ауэ сэ нывжызоӀэ, Иляс къэкӀуакӀэщ, ауэ ар къацӀыхужакъым, Ӏейуэ иращӀэну зыхуеяри иращӀащ. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэми гугъуехь ирагъэшэчынущ абыхэм.
Абыхэм я щыхьэтыгъэр щаухкӀэ, щӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм къыщӀэкӀ хьэщхьэвылъэр абыхэм къебэнынущ икӀи къатекӀуэнурэ къиукӀынущ.
Ауэ Ирод жиӀащ: – Иуан и щхьэр пезгъэупщӀащ. Апхуэдэу щыщыткӀэ, мыпхуэдэ Ӏуэхухэр зыхужаӀэ лӀыр хэт? Ар жиӀэри, Хьисэ зригъэлъагъуным хущӀэкъу хъуащ итӀанэ.
Сэ нывжызоӀэ, Иляс къэкӀуакӀэщ, Ӏейуэ иращӀэну зыхуеяр иращӀащ, Тхьэм и псалъэ тхахэм абы теухуауэ зэрыхэтым хуэдэу.
Пащтыхьым ар щызэхихым, хуабжьу гущӀыхьэ щыхъуащ, арщхьэкӀэ хьэщӀэхэм я пащхьэм тхьэ щиӀуати, хъыджэбзыр зыхуейр иратыну унафэ ищӀри,
Иуан и щхьэр лагъэм илъу къахьри, хъыджэбзым иратащ, абы ар и анэм хуихьащ.