Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 13:52 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

52 – Абы къыхэкӀкӀэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэ дэтхэнэ торэт егъэджакӀуэ пашэри унэр зей гуэрым хуэдэщ. Абы и мылъку гъэтӀылъыпӀэм мылъкущӀи мылъкужьи кърех.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 13:52
31 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ӏуэху пэжу фэдгъэщӀахэм быдэу тетын хуейщ. Апхуэдэмэ, ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, дызыщыгугъ хъуну ӀуэхухэмкӀэ цӀыхухэр игъэгушхуэн лъэкӀынущ абы, а Ӏуэхухэм пэув цӀыхухэми зэрымызахуэр ягуригъэӀуэн лъэкӀынущ.


ЦӀыхуфӀым игу илъ фӀым фӀыгъуэр къыдокӀуэ, цӀыху бзаджэм игу илъ бзаджагъэм бзаджагъэ къыдокӀуэ.


Абы къыхэкӀкӀэ Тхьэм и акъылыфӀагъэкӀэ жиӀащ: «Бегъымбархэри апостолхэри абыхэм яхуэзгъэкӀуэнущ. Абыхэм ящыщ зы гуп къаукӀынущ, адрей гупри гугъу ирагъэхьэнущ».


Абы къыхэкӀкӀэ, бегъымбархэри, акъылыфӀагъэ зиӀэ цӀыхухэри, дин егъэджакӀуэхэри сэ ныфхузогъакӀуэ. Абыхэм ящыщ зы гупыр жорым ефӀулӀынурэ, фыукӀынущ; адрей гупми фи синэгуэгухэм щӀопщкӀэ фыщеуэнущ икӀи зы къалэм дэфхунурэ адрей къалэм фхунущ.


Мэссихь и псалъэхэр фи гум сыт щыгъуи быдэу ивгъэлъ. АкъылыфӀагъэ псомкӀи зым адрейм ирырегъащӀэ икӀи гурырегъаӀуэ. Зиусхьэным фигухэмкӀэ фӀыщӀэ хуэфщӀу, уэрэдхэри, тхьэщӀыхь уэрэдхэри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи гум кърилъхьэ уэрэдхэри абы щхьэкӀэ жыфӀэ.


ФӀыуэ тлъагъу, къыддэлажьэ Епафрас хъыбарыфӀыр фигъэщӀащ. Абы и фӀагъ къывигъэкӀыурэ, Мэссихь пэжыгъэкӀэ хуолажьэ.


Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм нэхърэ сынэхъ цӀыкӀуми, Тхьэм и нэфӀ къысщыхури, мы Ӏуэхур си пщэм къыдилъхьащ: Мэссихь хэлъ къулеигъэшхуэу зыми имыгъэунэхуфынум и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм езгъэщӀэнуи,


– УнафэщӀэ фхузощӀ: ФӀыуэ фызэрылъагъу. Сэ фӀыуэ фызэрыслъагъум хуэдэу, фэри фӀыуэ фызэрылъагъу.


Мы тхылъым фыщеджэкӀэ, Мэссихь теухуа щэхур зэрэзэхэсщӀыкӀым гу лъыфтэнущ.


дигу хагъэщӀ, ауэ сыт щыгъуи догуфӀэ; дэ дытхьэмыщкӀэщ, ауэ цӀыху куэд бей дощӀ; зыри димыӀэу къащохъу, ауэ псори ди Ӏэ илъщ.


Ӏэтащхьэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуагъащӀэхэм ящыщу щыт хъунукъым. Апхуэдэу щымытмэ, зыкъыфӀэщӀыжынурэ, шейтӀаныр къуаншэ зэрыхъуам хуэдэу, ари къуаншэ хъунущ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм еупщӀащ абы и ужькӀэ: – Мы Ӏуэхугъуэ псори фӀыуэ къывгурыӀуа? – ФӀыуэ къыдгурыӀуащ, Зиусхьэн, – жэуап къатыжащ абыхэм.


А ущие хъыбархэр щиухым, Хьисэ а щӀыпӀэм икӀыжащ.


Аращи, фыкӀуи, лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ. Адэ лъапӀэми, и Къуэми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми я цӀэкӀэ фыумэхъи,


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ