43 Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр дыгъэ нэбзийхэм хуэдэу Адэ лъапӀэм и Тепщэныгъэшхуэм къыщынэхунущ абы щыгъуэ. ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.
– Фымышынэ фэ гуп мащӀэр, фи Адэ лъапӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ тепщэныгъэр къывитыну хуейщи.
ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.
– Пащтыхьым и ижьырабгъумкӀэ щытхэм яжриӀэнущ абы щыгъуэ: «Фэ, си Адэм и нэфӀ зыщыхуахэр, фыкъакӀуи, Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ къыфхуигъэхьэзыра тепщэныгъэр фи ӀыхьэфӀу къыфлъосри фубыд.
Си къуэш лъапӀэхэ, фыкъэдаӀуэ! Мы дунейм и цӀыху тхьэмыщкӀэхэракъэ Тхьэм къыхихар, фӀэщхъуныгъэмкӀэ къулеигъэ пэжыр ягъуэтыжын, Тхьэр фӀыуэ зылъагъухэр къызэригъэгугъа тепщэныгъэшхуэмкӀэ я ӀыхьэфӀыр къалъысын щхьэкӀэ.
Аращи, си къуэш лъапӀэхэ, Тхьэм и гъуэгу зыми зытревмыгъэгъэкӀыу щыпкъагъэм фытет. Фи псэм фемыблэжу Зиусхьэным и Ӏуэхум зэпымыууэ и ужь фит, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным хуэфщӀэ Ӏуэхур пщӀэншэ зэрымыхъунур фощӀэ.
Сэ тепщэныгъэ сиӀэну си Адэм къызэрызитам хуэдэу, фэри тепщэныгъэ фиӀэну фызот.
Сэ нывжызоӀэ фэ, иджы къыщыщӀэдзауэ си Адэм и Тепщэныгъэшхуэр къыщыкӀуэнум нэсыху, санэ сефэжынукъым. А махуэм абы аргуэру сывдефэнущ.
щыстӀэгъэн щызимыӀэм сыфхуэпащ; сыщысымаджэм фыкъыскӀэлъыплъащ; лъэхъуэщым сыщыщӀэсым си деж фыкъэкӀуащ».