34 А псори Хьисэ цӀыхухэм ущие хъыбархэмкӀэ ягуригъэӀуащ. Ущие хъыбар хэмыту зыри яжриӀэртэкъым.
– Ущие хъыбаркӀэ сынывэпсэлъащ иджыри къас. Ауэ ущие хъыбаркӀэ сыныщывэмыпсэлъэжыну махуэр къоблагъэ. А махуэр къыщыскӀэ, Адэ лъапӀэм теухуар нахуэу фхуэсӀуэтэнущ.
Сэ цӀыхухэм захуэзгъазэурэ, ущие хъыбархэр щӀахуэсӀуатэр мыращ: «Плъэ пэтми, абыхэм ялъагъуркъым, даӀуэ пэтми, зэхахыркъым икӀи къагурыӀуэркъым».
Ущие хъыбаркӀэ цӀыхухэм Ӏуэхугъуэ куэд яжриӀащ Хьисэ итӀанэ: – ФыкъэдаӀуэ. Жылэ исэну лӀы гуэр дэкӀащ.
Хьисэ апхуэдэ ущие хъыбар къажриӀащ, ауэ абы къикӀыр къагурыӀуакъым.
– Ущие хъыбар хэмыту, нахуэу уопсалъэ иджы, – жаӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм.