31 Абыхэм нэгъуэщӀ ущие хъыбари къахуиӀуэтащ Хьисэ: – Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр хъардэл хьэдзэрщ. Ар лӀы гуэрым къищтэри, и хьэсэм щыхисащ.
– Фэ фи фӀэщхъуныгъэр мащӀэти, аращ, – яжриӀащ Хьисэ. – Пэжыр нывжызоӀэ, хъардэл хьэдзэм хуэдиз фӀэкӀ мыхъу фӀэщхъуныгъэ фиӀэмэ, мы Ӏуащхьэм «ӀукӀи, модэ кӀуэ!» жефӀэмэ, ӀукӀынурэ кӀуэнущ. ФхузэфӀэмыкӀыну зы Ӏуэхуи щыӀэнукъым итӀанэ.
– Хъардэл хьэдзэм хуэдиз фӀэщхъуныгъэ фиӀэу, мы ахъуо жыгым «Зыкъыхэтхъыжи, хым зыщыхэсэж», жефӀэмэ, къывэдэӀуэнущ, – жиӀащ Зиусхьэным.
Хьисэ нэгъуэщӀ ущие хъыбари яхуиӀуэтащ абыхэм: – Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр хьэсэм жылэфӀ хэзысарщ.
Мы ущие хъыбарыр цӀыхухэм яхуиӀуатэу щӀидзащ Хьисэ итӀанэ: – ЛӀы гуэрым жызум хадэ игъэтӀысри, жызумгъэкӀ* гуэрхэм яӀэщӀилъхьащ. Абы и ужькӀэ а лӀыр хамэ къэрал гуэрым куэдрэ къэтыну кӀуащ.
Хьисэ жиӀэхэм цӀыхухэр едаӀуэ щыхъум, мы ущие хъыбарри къыпищащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ Ерусалим и гъунэгъуу щытт икӀи Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр асыхьэтым къэлъэгъуэну цӀыхухэр гугъэрти.