24 Хьисэ нэгъуэщӀ ущие хъыбари яхуиӀуэтащ абыхэм: – Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр хьэсэм жылэфӀ хэзысарщ.
– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр* а махуэм зыхуэдэу щытынур мыращ. ХъыджэбзипщӀ, я уэздыгъэхэр къыздащтэри, щауэм пежьэну дэкӀащ.
– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр мыращ. Жызум хадэ зиӀэ гуэрым и жызум хадэм щигъэлэжьэн лэжьакӀуэхэр къилъыхъуэну пщэдджыжьым жьыуэ дэкӀащ.
– ИтӀани, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр хым хадзэу бдзэжьей лъэпкъыгъуэ Ӏэджи къызэраубыда хъырщ.
– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр мыращ. Пащтыхь гуэрым и къуэм къригъашэри, хьэгъуэлӀыгъуэ хуищӀащ.
– ЖылэфӀыр зысар ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэрщ, – жиӀащ Хьисэ.
– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр сытым хуэзгъэдэн? – аргуэру жиӀащ Хьисэ.
– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр сыт? – жиӀащ Хьисэ. – Ар сытым езгъэщхьын?
НэгъуэщӀ ущие хъыбар яхуиӀуэтащ итӀанэ: – Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр пщагъэрщ. ЦӀыхубз гуэрым ар къищтэщ, ӀэнлъищкӀэ хупцӀынэ ипщэри, хупцӀынэ псори игъэтэджащ.
щӀэрыщӀэу фыкъалъхужащи. ЩӀэрыщӀэу фыкъызэралъхужар кӀуэдыжыну жылэкъым, атӀэ мыкӀуэдыжын жылэщ. А жылэр гъащӀэ къызыхэкӀыу, Тхьэм и псалъэу игъащӀэкӀэ зызымыхъуэжынуращ.
Абыхэм нэгъуэщӀ ущие хъыбари къахуиӀуэтащ Хьисэ: – Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр хъардэл хьэдзэрщ. Ар лӀы гуэрым къищтэри, и хьэсэм щыхисащ.
– Аращи, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зэщхьыр и унэӀутхэм ятелъ щӀыхуэр илъытэну хэта пащтыхьырщ.
Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и хъыбарыр зыгуэрым зэхихрэ, ар къыгурымыӀуэмэ, шейтӀаныр къокӀуэри, а цӀыхум игу илъ жылэфӀыр ирехыж. Мыр гъуэгум телъэлъа жылэм хуэдэщ.
умэхъакӀуэ Иуан жиӀэрт: – Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащи.
– НэгъуэщӀ ущие хъыбари фыкъедаӀуэ. Унэр зей гуэрым жызум хадэ игъэтӀысащ. Хадэр мывэ сэрейкӀэ къищӀыхьщ, жызум пӀытӀалъэри ищӀри, бэтэгъей игъэуващ. ЖызумгъэкӀ гуэрхэм хадэр яӀэщӀилъхьэри, хамэ къэрал гуэрым кӀуащ езыр.
Галилей хэкур зэрыщыту къызэхикӀухьурэ, Хьисэ Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм синэгуэгухэм щаригъащӀэрт, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым ахэр щригъэдаӀуэрт, дэтхэнэ сымаджагъэрэ узрэ зиӀэри игъэхъужырт.
Апхуэдэ фӀэщхъуныгъэмрэ фӀылъагъуныгъэмрэ щӀывиӀэр Тхьэм уафэм къыщыфхуигъэхьэзыра ӀыхьэфӀыр къызэрывитынум фыщыгугъыурэ фызэрыпэплъэр арщ. Фи деж нэса хъыбарыфӀым и псалъэ пэжхэмкӀэ Тхьэм къыфхуигъэхьэзыра фӀыгъуэм и хъыбарыр зэхэфхащ.
АрщхьэкӀэ, цӀыхухэр жейм хэту, а цӀыхум и жагъуэгъур къакӀуэщ, и гуэдз хьэсэм ежьужь* къыхисэри ежьэжащ.