2 Абы деж къыщызэхуэса цӀыхухэр апхуэдизкӀэ куэд хъурти, езыр кхъуафэжьейм итӀысхьащ. ЦӀыху гупышхуэр псы Ӏуфэм Ӏутт.
А кхъуафэжьейхэм языхэзым, Симон ейм, итӀысхьэри, Ӏуфэм тӀэкӀу ӀукӀуэтыну Хьисэ Симон елъэӀуащ. ИтӀанэ кхъуафэжьейм ису, Тхьэм и псалъэхэр цӀыху гупышхуэм яригъащӀэу щӀидзащ.
Хьисэ Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм псы Ӏуфэм щаригъащӀэу щӀидзащ аргуэру. Абы деж къыщызэхуэса цӀыхухэр апхуэдизкӀэ куэд хъурти, псым тет кхъуафэжьейм итӀысхьащ. ЦӀыхухэр, гупышхуэ зэрыгъэхъуауэ, псы Ӏуфэм Ӏутт.
Ӏэшэ, лъашэ, нэф, дэгу, нэгъуэщӀ узыфэ зиӀэхэр къыздашэурэ, цӀыху гупышхуэ Хьисэ деж къакӀуэри, сымаджэхэр абы и пащхьэм къралъхьащ. И пащхьэм къыщралъхьэм, Хьисэ ахэр игъэхъужащ.
Галилей хэкуми, КъалипщӀ зи цӀэ хэкуми, Ерусалими, Иудей хэкуми, Иордан псым и адрыщӀым щыщхэри Хьисэ и ужь гупышхуэу иуващ.
БгъэдэкӀынукъым тепщэныгъэ башыр Иудэ икӀи пщы башыр абы и къуэхэм, тыгъэ къыхуащӀыурэ, цӀыху лъэпкъхэри абы и жыӀэм едэӀуэнущ.