13 Сэ цӀыхухэм захуэзгъазэурэ, ущие хъыбархэр щӀахуэсӀуатэр мыращ: «Плъэ пэтми, абыхэм ялъагъуркъым, даӀуэ пэтми, зэхахыркъым икӀи къагурыӀуэркъым».
– Ауэ фэ фи нэхэми фи тхьэкӀумэхэми я насыпщ, абыхэм икӀи ялъагъу, икӀи зэхах.
Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Тхьэм ахэр гулъытэншэ ищӀащ. Я нэхэми ямылъагъуу, я тхьэкӀумэхэми зэхамыхыу ищӀащ, нобэрей махуэм къэсыху».