7 «Къурмэн щӀыныракъым сызыхуейр, атӀэ гущӀэгъур арщ» – Тхьэм жиӀа а псалъэхэм къригъэкӀыр къывгурыӀуэу щытатэмэ, лажьэ зимыӀэхэр вгъэкъуэншэнтэкъым;
ФыкӀуи, Тхьэм жиӀа мы псалъэхэм къарыкӀыр зэвгъащӀэ: «Къурмэн щӀыныракъым сызыхуейр, атӀэ гущӀэгъурщ». Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр къезджэну папщӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ гуэныхь зыщӀэхэр я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыным къыхуезджэн щхьэкӀэщ.
Ерусалим дэсхэмрэ абыхэм я пашэхэмрэ цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр зэры-Хьисэр ящӀэжакъым. Абы укӀ тралъхьащ, бегъымбархэм я псалъэу щэбэт махуэ къэс синэгуэгухэм къыщызэджэхэр а цӀыхухэм пэж ящӀащ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ.
– Фыщоуэ, – жэуап яритащ Хьисэ абыхэм. – ФыщӀыщыуэр Тхьэм и псалъэу тхахэмрэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ зэрывмыщӀэр арщ.
Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхур вгъэкъуаншэри фукӀащ. Ар фэ къыфпэувакъым.
Ар уигу псомкӀи, уи псэ псомкӀи, уи зэхэщӀыкӀ псомкӀи, уи къару псомкӀи фӀыуэ плъагъуныр, икӀи уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ плъагъуныр Тхьэм папщӀэ ягъэс къурмэныпхъэ псомри тыгъэ псомри нэхърэ куэдкӀэ нэхъ лъапӀэщ.