47 Хьисэ зыгуэрым къыжриӀащ: – Мес, уи анэмрэ уи къуэшхэмрэ къэкӀуауэ, къопсэлъэну хуейуэ пщӀантӀэм дэтщ.
А псалъэхэр цӀыху гупышхуэм щажриӀэм, Хьисэ и анэмрэ и къуэшхэмрэ къепсэлъэну хуейуэ къэкӀуауэ пщӀантӀэм дэтт.
– Хэт си анэри, хэт си къуэшхэри? – еупщӀащ Хьисэ ар къыжезыӀам.