Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 12:44 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

44 Зыщигъэпсэхун щӀыпӀэ щимыгъуэткӀэ, жеӀэ: «Сызыхэса цӀыхум, си унэу щытам деж, згъэзэжынщ». Абы деж къегъэзэжри, унэр нэщӀу, пхъэнкӀауэ, зэлъыӀухауэ кърохьэлӀэж.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 12:44
23 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, Тхьэм фрибынщ, бегъымбар нэпцӀхэми фатекӀуащ, фи гум илъ псэр мы дунейм и цӀыхухэм я гум илъ псэм нэхърэ нэхъ инщи.


А цӀыхухэр дэ къытхэкӀащ, ауэ дэ тщыщакъым. Дэ тщыщу щытамэ, ахэр ди деж къэнэнут. Ауэ дэ тхэкӀащ, абыхэм ящыщ зыри дэ зэрытщымыщыр нахуэ хъуащ а щӀыкӀэмкӀэ.


Гуп-гупурэ фызэхэкӀын хуейщ, фэ фщыщу щыпкъагъэр зигу илъхэр нахуэ хъун щхьэкӀэ.


А Ӏуэхухэм я гъуэгум фрикӀуэрт. Мы дунейм и хабзэжь Ӏейм фытету, жьым тепщэныгъэ щызиӀэ Ӏэтащхьэу, жин бзаджэу Тхьэм емыдаӀуэхэм я псэм хэлэжьыхьыр зэрыхуейм тету фыпсэуащ.


Иудэ а щӀакхъуэ бзыгъэр щищтэм, шейтӀаныр абы игу ихьащ. – ПщӀэну уигу илъыр щӀэхыу щӀэ, – жриӀащ Хьисэ абы.


Пщыхьэщхьэшхэ шхэрт. ШейтӀаным Симон Искариот и къуэ Иудэм игу ирилъхьакӀэт Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдыну.


Иудэ ар щӀыжиӀар тхьэмыщкӀэхэм гущӀэгъу яхуищӀу артэкъым, атӀэ езыр дыгъуакӀуэти, арт. Абы ахъщащхьэр иӀыгъти, абы иралъхьа ахъшэм хэдыгъухьырт.


– Абы ещхьу, лӀы къарууфӀэ гуэрым и унэ щӀыхьэу, абы и хьэпшыпхэр къихъунщӀэн зылъэкӀынур хэт, лӀы къарууфӀэр япэщӀыкӀэ имыпхмэ? А лӀыр ипхэмэ, абы и унэр къихъунщӀэн лъэкӀынущ.


– Жин бзаджэ гуэр, цӀыху гуэрым къыщыхэкӀыжкӀэ, псы здэщымыӀэ губгъуэ нэщӀым макӀуэри, зыщигъэпсэхун щӀыпӀэ лъыхъуэурэ къекӀухь, ауэ игъуэтыркъым.


Апхуэдэу щыхъукӀэ, езым нэхърэ нэхъ Ӏейуэ нэгъуэщӀ жин бзаджибл здешэри, макӀуэри, унэм щӀотӀысхьэ. ИкӀэм-икӀэжым а цӀыхум и Ӏуэхур япэм нэхърэ нэхъ Ӏей мэхъу. Аращ иджырей цӀыхухэм къащыщӀынур.


Абы деж къегъэзэжри, унэр пхъэнкӀауэ, зэлъыӀухауэ кърохьэлӀэж.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ