Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 12:41 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

41 Ниневие къалэм дэса цӀыхухэр, къемэтмахуэм къэтэджыжынурэ, иджырей цӀыхухэм къедэуэнущ икӀи ахэр къагъэкъуэншэнущ, Инус ахэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэ щыхъум, ящӀа гуэныхьхэм хущӀегъуэжащи, ауэ сэ нывжызоӀэ, Инус нэхърэ нэхъ лъапӀэ гуэр къыфхэтщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 12:41
20 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Абы ещхьу ипщэ къэралым щыщ пащтыхь цӀыхубзыр, къемэтмахуэм къэтэджыжынурэ иджырей цӀыхухэм къедэуэнущ, икӀи ахэр къигъэкъуэншэнущ. А пащтыхь цӀыхубзыр Сэлмэн пащтыхьым и акъылыфӀагъэм едэӀуэн щхьэкӀэ щӀылъэм и гъунэ дыдэм къикӀри, къэкӀуащи, ауэ сэ нывжызоӀэ, Сэлмэн пащтыхьым нэхърэ нэхъ лъапӀэ гуэр къыфхэтщ.


ЦӀыхухэм ямылъэгъуа къэкӀуэну Ӏуэхухэм теухуауэ Тхьэм Нухь хъыбар къыщригъащӀэм, Нухь фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэм щышынэри, и унагъуэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, кхъухь ищӀащ. Нухь иӀа фӀэщхъуныгъэмкӀэ дунейм и цӀыхухэм я къуаншагъэр нахуэ яхуищӀащ. ФӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытар и ӀыхьэфӀ хъуащ.


Абы щыгъуэ сунэт ямыщӀа цӀыхуу Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэм уэ, сунэт ящӀар, уигъэкъуэншэнущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэу тхар уэ уи Ӏэм ӀэщӀэлъ икӀи сунэт уащӀа пэтми, Торэт хабзэм итхэм уатокӀри.


– ИщхьэкӀэ къехыр псоми ящхьэжщ. Ауэ щӀылъэм щыщыр щӀылъэм ейщ, щӀылъэм тетхэр зэрыпсалъэм хуэдэу ари мэпсалъэ. Уафэм къехыр псоми ящхьэщ.


Ауэ сэ вжызоӀэ, Тхьэм и унэшхуэм нэхърэ нэхъ лъапӀэу зыгуэр къыфхэтщ.


Ди адэшхуэ Екъубщ мы псыкъуийр къытхуэзыгъэнар. Езыри и къуэхэри мы псым щыщ ефэу, и былымхэри иригъафэу щытащ. Абы нэхърэ унэхъыщхьэ уэ?


Ниневие къалэм дэса цӀыхухэр, къемэтмахуэм къэтэджыжынурэ, иджырей цӀыхухэм къедэуэнущ икӀи ахэр къагъэкъуэншэнущ, Инус ахэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэ щыхъум, ахэр ящӀа гуныхьхэм хущӀегъуэжащи, ауэ сэ нывжызоӀэ, Инус нэхърэ нэхъ лъапӀэ гуэр къыфхэтщ.


Пэжыр нывжызоӀэ, мы Ӏуэху мыхъумыщӀэ псоми я лажьэр иджырей цӀыхухэм къатехуэнущ.


– Е-ей, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэу къуаншагъэ зылэжь иджырей цӀыхухэ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыт хуэдизрэ сыфхэтын хуей? Сыт хуэдизрэ фысшэчын хуей? Къысхуэфшэ а щӀалэр.


Иджырей цӀыху бзаджэу Тхьэр зымыщӀэхэр нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ хуейщ, ауэ Инус бегъымбарым и нэщэнэм фӀэкӀа Тхьэм абыхэм къаритынукъым. Ар жиӀэщ, абыхэм яхэкӀри, Хьисэ ежьэжащ.


Апхуэдэу щыхъукӀэ, езым нэхърэ нэхъ Ӏейуэ нэгъуэщӀ жин бзаджибл здешэри, макӀуэри, унэм щӀотӀысхьэ. ИкӀэм-икӀэжым а цӀыхум и Ӏуэхур япэм нэхърэ нэхъ Ӏей мэхъу. Аращ иджырей цӀыхухэм къащыщӀынур.


– Иджырей цӀыху бзаджэу Тхьэр зымыщӀэхэр нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ хуейщ, ауэ Инус бегъымбарым и нэщэнэм фӀэкӀа Тхьэм абыхэм нэщэнэ къаритынукъым;


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ