40 Инус бегъымбарыр бдзэжьей иным и ныбэм жэщищ-махуищкӀэ зэрилъам ещхьу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэри щӀылъэм и кууупӀэм жэщищ-махуищкӀэ щӀэлъынущ.
– Мы тхьэ унэр зэхэфкъути, сэ махуищкӀэ зэтезгъэувэжынщ, – жэуап яритащ Хьисэ абыхэм.
абыхэм ар яукӀынущ, ауэ ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ ещанэ махуэм. Хьисэ ар щажриӀэм, абыхэм зэхахар хуабжьу гущӀыхьэ ящыхъуащ.
мыпхуэдэу жаӀэрт: – Уэ, Тхьэм и унэшхуэр зэхэзыкъутэу, махуищкӀэ зэтезыгъэувэжынум, умыкӀуэду зыкъегъэлыж! Уэ Тхьэм ури-Къуэу щытмэ, жорым къыфӀэкӀыж.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ягуригъаӀуэу хуежьащ а зэманым къыщыщӀэдзауэ: – Сэ Ерусалим сыкӀуэн хуейщ. Нэхъыжьхэми, дин пашэшхуэхэми, торэт егъэджакӀуэ пашэхэми гугъуехь куэд сагъэшэчын икӀи саукӀын хуейщ, ауэ лӀахэм сакъыхэтэджыкӀыжын хуейщ ещанэ махуэм.
Езыр-езыру, я бзэкӀэ, загъэкӀуэдыжынщ абыхэм, я щхьэр ягъэсысынщ ахэр зылъагъу псоми.
– Бажэхэм зэрысын гъуэ яӀэщ, къуалэбзухэми абгъуэ яӀэщ, ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щхьэр зрихьэлӀэн хэщӀапӀэ иӀэкъым, – жриӀащ абы Хьисэ.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр щэбэт махуэм и зиусхьэнщи.
Ар мыбдежым щыӀэжкъым. ЗэрыжиӀам хуэдэу, ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ. Фыбгъэдыхьи, Зиусхьэныр здэщылъа щӀыпӀэм феплъ.