Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 12:31 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

31 Аращи, нывжызоӀэ, цӀыхухэм сыт хуэдэ гуэныхь ящӀами, сыт хуэдизу Тхьэр ягъэпцӀами, къахуэгъункӀэ Ӏэмал щыӀэщ, ауэ, хэту щытми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зыгъэпцӀым къыхуэгъунукъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 12:31
15 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хэту щытми, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм псалъэ Ӏей хужызыӀэм къыхуэгъункӀэ Ӏэмал щыӀэщ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зыгъэпцӀым къыхуэгъунукъым.


Тхьэм езым и Къуэр зыгъэпуд цӀыхум Тхьэм абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъ гугъуехьышхуэ иригъэшэчынущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а цӀыхум Мэссихь и лъыуэ Тхьэм и зэгурыӀуэныгъэр зыгъэпэжауэ, а цӀыхум и гур зыгъэкъэбзэжам пщӀэ имыӀэу елъытэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу зи нэфӀ дэ къытщыхуэми и гум хегъэщӀ.


Щыпкъагъэр зэдгъэщӀауэ, итӀани дэ тфӀэфӀу гуэныхь щӀэным дыхэтмэ, ди гуэныхьхэр тщхьэщызыхыфын къурмэныпхъэ щыӀэжкъым,


– ЦӀыху ерыщхэ! Фэ фигухэмкӀи фи тхьэкӀумэхэмкӀи Тхьэр зымыщӀэ цӀыхухэм фахуэдэщ. Фэ, фи адэжьхэм ещхьу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фыпэув зэпытщ.


И къэушым ажал къызыхэмыкӀ гуэныхь ищӀэу зылъагъур Тхьэм ирелъэӀу, Тхьэм а къуэшым гъащӀэ къритынущ – ажал къызыхэмыкӀ гуэныхь зыщӀар аращ жыхуэсӀэр. Ажал къызыхэкӀ гуэныхьри щыӀэщ. Апхуэдэ гуэныхьыр къыхуигъэгъун щхьэкӀэ, Тхьэм ирелъэӀу жысӀэркъым.


Ауэ ди гуэныхьхэмкӀэ зыдумысыжмэ, ар щыпкъэу икӀи захуэу зэрыщытым къыхэкӀкӀэ ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъунущ икӀи къуаншагъэ псори ди гум иригъэкъэбзыкӀыжынущ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зэгуэрым Тхьэм и нэхум хэтауэ, иужькӀэ зи щӀыб Тхьэм хуэзыгъэзэжа цӀыхухэм я гуэныхьхэм хущӀебгъэгъуэжыну къебгъэгъэзэжын плъэкӀынукъым. Абыхэм уафэм щыӀэ Тхьэм и тыгъэр зыхуэдэр ящӀэу щытащ; Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри я гум илъащ;


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ