26 ШейтӀаным цӀыху гуэр зыӀыгъ шейтӀаныр абы хихумэ, езым и щхьэкӀэ лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъуауэ арщ. Апхуэдэу хъумэ, абы и тепщэныгъэр щыӀэжын дауэ лъэкӀыну?
КӀыфӀыгъэм и тепщэныгъэм дыкъыщӀихыжри, фӀыуэ илъагъу и Къуэм и тепщэныгъэм дыщӀигъэуващ.
Дэ Тхьэм дызэрибыныр дощӀэ, дуней псори шейтӀаным и ӀэмыщӀэ зэрилъри дощӀэ.
Етхуанэ мелыӀычым и фалъэм итыр хьэщхьэвылъэм и тахътэм трикӀащ. Хьэщхьэвылъэм и тепщэныгъэм щӀэт цӀыхухэм кӀыфӀыгъэ къащхьэщыхьащ итӀанэ. Узышхуэ зэраӀэм щхьэкӀэ, цӀыхухэр я бзэгухэм едзэкъэжырт.
Благъуэжь абрагъуэр щӀылъэм кърадзыхащ – иблису икӀи шейтӀану жыхуаӀэ блэжьу щӀылъэм тет цӀыху псори дэзыщэхыр аращ. Ари абы и мелыӀычхэри щӀылъэм кърадзыхащ.
Абыхэм пащтыхьу яӀар щӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм и мелыӀычыр арщ. Абы и цӀэр журтыбзэкӀэ Аваддонщ, алыджыбзэкӀэ Аполлионщ.
ШейтӀану мы дунейм и тхьэм фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я гур нэф ищӀащ. Апхуэдэу щӀищӀар Тхьэм хуэдабзэу щыт Мэссихь и щӀыхьышхуэм теухуа хъыбарыфӀым и нэхуу абыхэм къатепсэр ямылъагъун щхьэкӀэщ.
Тхьэм цӀыхухэм ятрищӀыхьыну хьэкумыр зыхуэдэри захригъэщӀыкӀынущ, Тхьэм мы дунейм и тепщэр игъэкъуэншакӀэщи.
Куэдрэ сынывэпсэлъэжынукъым, мы дунейм и тепщэр къокӀуэри. Абы и Ӏуэху сэ къысхэлъкъым.
– Иджы мы дунейм и цӀыхухэм хьэкум ятрищӀыхьынущ Тхьэм. Мы дунейм и тепщэр тридзынущ абы иджы.
– Си ужь икӀ, шейтӀан! – жриӀащ абы Хьисэ. – Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ: «Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапӀэурэ, узыхуэлэжьэн хуейр абы и закъуэщ».
Ауэ фарисейхэм жаӀащ: – Жин бзаджэхэм я пашэм и къарукӀэщ мы лӀым жин бзаджэхэр цӀыхухэм зэрахихур.
Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и хъыбарыр зыгуэрым зэхихрэ, ар къыгурымыӀуэмэ, шейтӀаныр къокӀуэри, а цӀыхум игу илъ жылэфӀыр ирехыж. Мыр гъуэгум телъэлъа жылэм хуэдэщ.