24 Фарисейхэм, ар щызэхахым, мыпхуэдэу жаӀащ: – Жин бзаджэхэм я пашэ Велзевул и къарукӀэщ жин бзаджэхэр цӀыхухэм абы зэрахихур.
Ерусалим къикӀа торэт егъэджакӀуэ пашэхэм Хьисэ теухуауэ жаӀэрт: – Велзевул иӀыгъщ ар икӀи жин бзаджэхэм я пашэ а Велзевул и къарукӀэщ жин бзаджэхэр цӀыхухэм абы зэрахихур.
Ауэ фарисейхэм жаӀащ: – Жин бзаджэхэм я пашэм и къарукӀэщ мы лӀым жин бзаджэхэр цӀыхухэм зэрахихур.
Ауэ абыхэм ящыщ гуэрхэм жаӀащ: – Жин бзаджэхэм я пашэ Велзевул и къарукӀэщ Хьисэ жин бзаджэхэр цӀыхухэм зэрахихур.
Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ унэм къыщыщӀэкӀыжым, жин бзаджэм иӀыгъ лӀы бзагуэ гуэр цӀыхухэм къыхуашащ.
ЕджакӀуэр езыгъаджэм хуэдэ хъумэ, ар хурикъунущ, унэӀутри и тепщэм хуэдэ хъумэ, ар хурикъунущ. Унэр зейм ВелзевулкӀэ щеджэкӀэ, унагъуэм исхэми абы нэхъри нэхъ Ӏеиж хужаӀэнкъэ?
Бзагуэ гуэрым и бзэр зубыда жин бзаджэр хихужат Хьисэ. Жин бзаджэр хэкӀыжа нэужь, бзагуэу щыта цӀыхур къэпсэлъэжащ. ЦӀыхухэм ягъэщӀэгъуащ ар.