13 Хьисэ а лӀым жриӀащ итӀанэ: – Уи Ӏэр къэший! ЛӀым и Ӏэр къишийри, адрей Ӏэм хуэдэу хъужащ.
И Ӏэхэр а цӀыхубзым трилъхьэри, абы занщӀэу зиузэхужащ, Тхьэми щӀыхь хуищӀащ.
И Ӏэр ишийщ, абы теӀэбэри, Хьисэ жиӀащ: – Сыхуейщ, узыншэ ухъуж. Уэшын уз щхьэщыкӀри, лӀыр узыншэ хъужащ а сыхьэтым.
Нэфхэр къоплъэж, лъашэхэр тэрэзу зекӀуэ, уэшын уз зэфыкӀхэр узыншэ, дэгухэм зэхах мэхъуж, лӀахэр къотэджыж, тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр къалъоӀэс.
Публий и адэр плъыржьэрымрэ ныбэузымрэ зэщӀаубыдауэ пӀэм хэлът. Паул сымаджэм деж щӀыхьэщ, Тхьэм хуелъэӀущ, и Ӏэхэр трилъхьэри игъэхъужащ.