Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 12:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 Зи Ӏэ лъэныкъуэр гъуа лӀы гуэр щӀэтт абы. Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ зэрагъэкъуэншэн щхьэусыгъуэ гуэр къагъуэтын щхьэкӀэ, къеупщӀащ: – Сымаджэр щэбэт махуэм бгъэхъужыныр хабзэм къезэгърэ, хьэмэ къемызэгърэ?

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 12:10
21 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хьисэ сымаджэр щэбэт махуэм зэригъэхъужам щхьэкӀэ, синэгуэгу пашэр губжьри, цӀыхухэм яжриӀащ: – Щылэжэн хуей махуих яӀэщ цӀыхум. ЗэвгъэӀэзэнумэ, а махуихым фыкъакӀуэ, щэбэт махуэм фыкъэмыкӀуэ.


– Мы лӀыр Тхьэм къыбгъэдэкӀакъым, – жаӀащ фарисейхэм ящыщхэм, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щэбэт махуэр игъэлъапӀэркъым. – Гуэныхь зыщӀэ лӀы гуэрым мыпхуэдэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр хузэфӀэкӀыну? – жаӀащ зыкъомым. Арати ахэр гуп-гуп зэрыгъэхъуащ.


Ар щӀыжаӀар Хьисэ щагъауэу, ар зэрагъэкъуэншэн гуэр къагъуэтыну арат. Хьисэ зригъэзыхри, и ӀэпхъуамбэмкӀэ щӀым зыгуэр тритхэу щӀидзащ.


Арати, журтхэм а лӀы хъужам жраӀащ: – Нобэ щэбэт махуэщи, уи алэрыбгъур къэпщтэж хъунукъым хабзэкӀэ.


Фарисейхэм ар щалъагъум, Хьисэ къыжраӀащ: – Еплъыт, щэбэт махуэм хабзэкӀэ пщӀэ мыхъунур уи гъуэгу ирикӀуэхэм ящӀэ.


Сымаджэ куэд щылът абдежым: нэфи, лъаши, пкъыуэ хъуаи. Ахэр псым зыкъигъэхъеиным пэплъэрт,


Хьисэ ягъэкъуаншэу щӀадзэри, мыпхуэдэу жаӀащ: – Мы лӀым ди лъэпкъыр зэӀищӀэу, кесарым хьэкътын ахъшэр ярыримыгъэту, езым Мэссихь пащтыхь зыхужиӀэжу дубыдащ.


яжриӀащ: – Мы лӀым цӀыхухэр зэӀищӀэу жыфӀэри, къысхуэфшащ. Фи пащхьэм абы сыщеупщӀащ, ауэ зэрывгъэкъуаншэмкӀэ лажьэ иӀэу езгъуэтылӀакъым.


Кесарым хьэкътын ахъшэр етт хъуну, хьэмэ мыхъуну?


Фарисей гуэрхэр къыбгъэдыхьэри, щагъэуэн мурадкӀэ Хьисэ къеупщӀащ: – ЛӀым и фызыр сыт хуэдэ щхьэусыгъуэкӀэ иригъэкӀыж хъуну?


Хьисэ а лӀыр щэбэт махуэм игъэхъужынумэ, фарисейхэр кӀэлъыплъырт, зэрагъэкъуэншэн щхьэусыгъуэ къагъуэтын щхьэкӀэ.


Иджы, Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм ит унафэу сунэт щӀыным теухуам фемыбэкъуэн щхьэкӀэ, цӀыхур щэбэт махуэми сунэт фщӀыну фыхуиту фобж. Апхуэдэу щыхъукӀэ, цӀыху гуэр щэбэт махуэм зэрызгъэхъужам щхьэкӀэ сыт фыкъыщӀысхуэгубжьыр?


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ