4 – Вгъэзэжи, – яжриӀащ абыхэм Хьисэ, – зэхэфхымрэ флъагъумрэ Иуан хуэфӀуэтэж:
Хьисэ иригъэупщӀащ: – Уэра къэкӀуэн хуейр, хьэмэрэ нэгъуэщӀ гуэрым дыпэплъэн хуей?
Нэфхэр къоплъэж, лъашэхэр тэрэзу зекӀуэ, уэшын уз зэфыкӀхэр узыншэ, дэгухэм зэхах мэхъуж, лӀахэр къотэджыж, тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр къалъоӀэс.
– Иуан щыхьэтыгъэу къысхуиӀам нэхърэ нэхъ щыхьэтыгъэшхуэ сиӀэщ. Сэ злэжьын хуей Ӏуэхуу Адэ лъапӀэм си пщэм къыдилъхьар солэжь. А Ӏуэхухэращ Адэ лъапӀэм сыкъызэригъэкӀуамкӀэ щыхьэт къыстехъуэр.
И Ӏэр ишийщ, абы теӀэбэри, Хьисэ жиӀащ: – Сыхуейщ, узыншэ ухъуж. Уэшын уз щхьэщыкӀри, лӀыр узыншэ хъужащ а сыхьэтым.
Ӏэшэ, лъашэ, нэф, дэгу, нэгъуэщӀ узыфэ зиӀэхэр къыздашэурэ, цӀыху гупышхуэ Хьисэ деж къакӀуэри, сымаджэхэр абы и пащхьэм къралъхьащ. И пащхьэм къыщралъхьэм, Хьисэ ахэр игъэхъужащ.
Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, нэфхэмрэ лъашэхэмрэ къакӀуэри, абдежым щигъэхъужащ.
Адэ лъапӀэр сэ си псэм зэрыщыщри, сэ Адэ лъапӀэм и псэм сызэрыщыщри щыжысӀэкӀэ, фи фӀэщ фщӀы. Ар мыхъуми, сэ злэжь Ӏуэхухэм щхьэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ.