30 си бжьыр шэчыгъуафӀэщ, си хьэлъэри уэндэгъукъыми.
Тхьэр фӀыуэ тлъагъумэ, и унафэхэр дгъэзэщӀэнущ. И унафэхэри гугъукъым.
– Мы Ӏуэхухэр сэ щӀывжесӀар сэ фи псэм сызэрыщыщым папщӀэ гузэгъэгъуэ фиӀэ хъун щхьэкӀэщ. Дунейм гугъуехь щыфшэчынущ, ауэ фымыдзыхэ: сэ дунейм сытекӀуащ.
ЛъэкӀыныгъэ къызэзыт Хьисэ Мэссихь и къарукӀэ псори сщӀэн слъэкӀынущ.
Аращи, Мэссихь къывита щхьэхуитыныгъэм быдэу фытет, пщылӀыгъэм и бжьыр цӀыхухэм аргуэру зытревмыгъэлъхьэж.
Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фызэриущийм тету фыпсэумэ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм фыщӀэтыжынукъым.
Дэри ди адэжьхэми тхуэмыхьа хьэлъэр ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм ятефлъхьэу, сыт Тхьэр вгъэунэхуну и ужь фыщӀитыр?
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы гузэвэгъуэ мащӀэу икӀи кӀэщӀу дызыхэтым фӀыуэ къыпэкӀуэр гузэвэгъуэу дызыхэтым хуумыгъэдэфыну мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр арщ.
ФызэдэӀуэн хуей мы унафэхэм нэмыщӀ, нэгъуэщӀ хьэлъэ фтедмылъхьэну Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмкӀи дэркӀи тфӀэигъуэщ.
Хьисэ гуэдз хьэсэхэм хэтурэ кӀуэрт щэбэт махуэ гуэрым. И гъуэгу ирикӀуэхэр мэжэлӀати, гуэдз щхьэмыжхэр къыпачурэ яшхыу щӀадзащ щэбэт махуэ гуэрым.