28 – ЦӀыху ешаелӀа, хьэлъэ уэндэгъу зытелъ псори, си деж фыкъакӀуэ, гузэгъэгъуэ фэстынущи.
Си бжьыр зытефлъхьэ, жысӀэр зэвгъащӀэ, сэ сигур щабэщ икӀи пагагъэ схэлъкъыми. ПсэмкӀэ гузэгъэгъуэ вгъуэтынущ итӀанэ;
Махуэшхуэхэм ящыщу иужьрей я нэхъ лъапӀэ махуэм къэуври, Хьисэ макъ хэӀэтыкӀакӀэ жиӀащ: – Псы хуэлӀэр си деж кърекӀуи, ирефэ.
Адэ лъапӀэм къызит цӀыху псори си деж къэкӀуэнущ, си деж хэт къакӀуэми, сэ збгъэдэзгъэкӀыжынукъым.
Аращи, Мэссихь къывита щхьэхуитыныгъэм быдэу фытет, пщылӀыгъэм и бжьыр цӀыхухэм аргуэру зытревмыгъэлъхьэж.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми нысащӀэми жаӀэ: «КъакӀуэ!» Ар зэхэзыхми жреӀэ: «КъакӀуэ!» Хэтми, псы хуэлӀэр кърекӀуэ. Хэт хуейми, цӀыхухэм гъащӀэ къезыт псым пщӀэ щӀимыту ирефэ.
Хьэлъэ зехьэгъуейхэр зэкӀуэцӀапхэри, цӀыхухэм я дамащхьэм тралъхьэ, ауэ цӀыхухэм ядэӀэпыкъуну езыхэм я зы Ӏэпхъуамби ягъэхъейркъым.
Тхьэм и гупсэхужыпӀэм дызэрыщӀыхьэнумкӀэ дыкъызэригъэгугъа Ӏуэхур зэримыхъуэкӀауэ зэрыщытым иджыри тетщи, фэ фщыщ гуэр абы щӀэмыхьауэ къызэрымынэным фыхуэсакъ.
МафӀэм зэщӀищтащ си гур, мафӀэр къащӀэнащ си гупсысэхэм; абы щыгъуэ си бзэгукӀэ сыкъэпсалъэу сыхуежьащ:
Фэ, гузэвэгъуэм хэтхэр, фыдигъусэу гузэгъэгъуэ къывитыжынуи Тхьэм захуагъэу елъытэ. Ар къыщыхъунур Зиусхьэн Хьисэ уафэм къехыу, лъэкӀыныгъэ зиӀэ и мелыӀычхэр щӀыгъуу къыщылъэгъуэжыну махуэрщ.
Дэри ди адэжьхэми тхуэмыхьа хьэлъэр ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм ятефлъхьэу, сыт Тхьэр вгъэунэхуну и ужь фыщӀитыр?
Сыту жыпӀэмэ Зиусхьэным и псалъэхэр захуэщ. Абы и Ӏуэху псоми щыпкъагъэ хэлъщ.
Апхуэдэу гугъу дехьурэ, къару зимыӀэхэм дазэрыдэӀэпыкъун хуейр сыт и лъэныкъуэкӀи фэзгъэлъэгъуащ. Езы Зиусхьэн Хьисэ жиӀа псалъэхэр зыщыдгъэгъупщэжын хуейкъым: «Къуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ».