Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 11:25 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

25 И псалъэм къыпищэу, Хьисэ жиӀащ итӀанэ: – Си Адэ, уафэмрэ щӀылъэмрэ я Зиусхьэн. Мы Ӏуэхухэр цӀыху губзыгъэхэмрэ цӀыху Ӏущхэмрэ ящыбгъэпщкӀуурэ, сабийхэм зэребгъэщӀамкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 11:25
40 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хьисэ къыжраӀащ: – Абыхэм жаӀэр зэхэпхрэ? – Зэхызох, – яжриӀащ Хьисэ, – ауэ феджакъэ Даут Тхьэм мыпхуэдэу зэрыжриӀам: «Сабийхэмрэ сабий быдзафэхэмрэ я жьэкӀэ щӀыхь зыхуебгъэщӀащ»?


Зиусхьэну ди Тхьэ! Уи цӀэр сыту щылъапӀэ щӀыгум дэнэкӀи, уафэм нэхъ лъагэу уи щӀыхьым зиӀэтащ!


– Гъуэгу махуэ утеуващ, уэ Инус и къуэ Симон, – жриӀащ Хьисэ абы. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мыр зэхозыгъэщӀыкӀар цӀыхуракъым, атӀэ си Адэу уафэм щыӀэр арщ.


Я акъылхэр ункӀыфӀащ абыхэм. Нобэр къыздэсым пасэрей зэгурыӀуэныгъэм и тхылъхэм щеджэкӀэ, абыхэм я акъылхэм тепхъуэ тепхъуауэ къонэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь закъуэрщ а тепхъуэр тезыхыжын зылъэкӀыр.


– Тхьэуэ дунейри дунейм тетхэри къэзыгъэщӀар уафэми щӀылъэми я Зиусхьэнырщ. Ар цӀыхухэм я ӀэкӀэ ящӀа тхьэлъэӀупӀэ унэшхуэхэм щӀэскъым.


Арати, лӀар зыщӀэлъ бгъуэнщӀагъым Ӏулъ мывэр Ӏуахащ. Уафэм дэплъейри, Хьисэ жиӀащ: – Си Адэ, си лъэӀур зэрызэхэпщӀыкӀам щхьэкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ.


– Си Адэ, ухуейуэ щытмэ, мы гугъуехьым и фалъэр сӀых. АтӀэми сэ сызыхуейр мыхъуу, уэ узыхуейр ирехъу.


Ауэ Ибрам жриӀащ Содом пащтыхьым: – Си Ӏэр хузоӀэт Зиусхьэну Тхьэ я нэхъ Лъагэм, уафэмрэ щӀылъэмрэ КъэзыгъэщӀам, тхьэ жызоӀэ


Ар Тхьэм хуелъэӀури и нэфӀ къыщыхуэну жиӀащ: – Тхьэуэ я нэхъ Лъагэу, уафэмрэ щӀылъэмрэ КъэзыгъэщӀам, Ибрам и нэфӀ щрехуэ;


– Си Адэ, къахуэгъэгъу абыхэм, – жиӀащ Хьисэ, – ялэжьыр зи щӀысыр къагурыӀуэркъым. Пхъэидзэ ящӀурэ, Хьисэ и щыгъынхэр зауэлӀхэм зэхуагуэшыжащ.


– Иджы согузавэ. Сыт къыжысӀэнур? Си Адэ, мы гугъуехьым сыхэхыж жысӀэн? Хьэуэ, мы гугъуехьыр сшэчын щхьэкӀэщ дунейм сыкъыщӀэкӀуар.


Си Адэ, уи цӀэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм егъэлъагъу. Хьисэ ар щыжиӀэм, уафэм макъ къиӀукӀащ: – Си цӀэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм езгъэлъэгъуащ, дяпэкӀи езгъэлъагъунущ.


А Ӏуэхухэр Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэмкӀэ дэ къытхуигъэнэхуащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Ӏуэху псори егъэунэху, ар Ӏуэхухэм я кууупӀэхэми ялъоӀэс.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ