23 Уэ, Капернаум къалэ, уафэм удэкӀуеину? Хьэуэ, жыхьэнмэм и кууупӀэм нэсыху укӀуэцӀрыхунущ, уи деж щызлэжьа Ӏуэхушхуэхэр Содом къалэм щызлэжьатэмэ, ар иджыри къэс щытынути.
Назарет къалэм дэкӀыжщ, Завулон, Неффалим хэкухэм ящыщу псы Ӏуфэм Ӏут Капернаум къалэм кӀуэри дэтӀысхьащ ар.
Ауэ Содом дэсхэр бзаджэт, Зиусхьэным и пащхьэм гуэныхь куэд къыщахьат.
Абыхэм я хьэдэхэр къалэшхуэу цӀыхухэм ди Зиусхьэныр жорым щраӀулӀам и уэрамым дэлъынущ. А къалэшхуэм щхьэкӀэ Содом е Мысыр жаӀэ, нэгъуэщӀ мыхьэнэ кърагъэкӀыурэ.
Апхуэдэу Содом, Ӏаморэ къалэхэм я цӀыхухэмрэ а къалэхэм я Ӏэшэлъашэхэм ит къалэхэм дэс цӀыхухэмрэ зинэри цӀыхухэм ямыщӀапхъэ емыкӀу Ӏуэхухэри ящӀэу щытащ. ЗэикӀ мыункӀыфӀыжын мафӀэм и гугъуехьышхуэр Тхьэм абыхэм яригъэшэчурэ, абыхэм я гъуэгу дримыкӀуэн щхьэкӀэ, ахэр щапхъэ къытхуищӀащ.
Сыту жыпӀэмэ си псэр хьэдрыхэ къыщыбнэнукъым. Уэ уи ӀурыщӀэ цӀыху лъапӀэм и хьэдэр бгъэфынукъым.
зи щхьэ зыгъэин дэтхэнэри Тхьэм игъэлъэхъшэнущ, зи щхьэр зыгъэлъахъшэр Тхьэм игъэинынущи.
Сэ ныбжызоӀэ, уэ у-Петрщ, уэ мывэм ухуэдэщ, сэ си члисэр уэ птесщӀыхьынущ икӀи лӀэныгъэм и къарухэр а члисэм пэлъэщынукъым.
Хьисэ Капернаум къалэм дыхьащ итӀанэ. Щыдыхьэм, дзэ пашэ гуэр къыбгъэдыхьэри къелъэӀуащ:
А лӀы бейм, лӀахэм я лъахэм хьэзэб щытелъу и нэхэр къиӀэтри, Ибрэхьим жыжьэу къилъэгъуащ, Лазари бгъэдэсу.
– Щэч хэмылъу мы псэлъэжьыр къызжефэнщ: «Дохутыр, уэ зыгъэхъуж». ИтӀанэ къызжефэнщ: «Капернаум къалэм щыблэжьауэ зэхэтхам хуэдэ Ӏуэхухэр мы ущапӀа къалэм щылэжь», – яжриӀащ абыхэм Хьисэ.
Капернаум къалэм къыщыкӀуам щыгъуэ, Тхьэм и унэшхуэм щхьэкӀэ хьэкътын ахъшэу дидрахм зи цӀэр хэзыххэр Петр деж къакӀуэри, жаӀащ: – Хьэкътын ахъшэу дидрахмыр фи дин егъэджакӀуэм Тхьэм и унэшхуэм щхьэкӀэ итрэ?
Пэжыр нывжызоӀэ, къемэтмахуэм а къалэм гугъуехьу ишэчынум нэхърэ, къалэхэу Содомрэ Ӏаморэрэ гугъуехьу яшэчынур нэхъ мащӀэу къыщӀэкӀынущ.
Уэ, Капернаум къалэ, уафэм удэкӀуеину? Хьэуэ, жыхьэнмэм и кууупӀэм нэсыху укӀуэцӀрыхунущ.
Аращи, Даут къэхъунур ищӀэрти, Мэссихь къытепсэлъыхьу, «Тхьэм абы и хьэдэр хьэдрыхэ къыщинэнукъым» икӀи «абы и хьэдэр игъэфынукъым» щыжиӀэм, зи гугъу ищӀар Мэссихь лӀахэм къахэтэджыкӀыжыну зэрыщытарщ.
ГъащӀэ зиӀэр сэращ. СылӀащ, ауэ иджы сыпсэущ икӀи игъащӀэкӀи сыпсэунущ. Ӏэмин. ЛӀэныгъэми хьэдрыхэми я ӀункӀыбзэхэр сӀыгъщ.
Сыщыплъэм, шыгъуэ къэслъэгъуащ. Абы тесым и цӀэр ЛӀэныгъэт. Хьэдрыхэ абы кӀэлъыкӀуэрт. Абыхэм джатэмкӀи, гъаблэмкӀи, уз зэрыцӀалэхэмкӀи, щӀылъэм и хьэкӀэкхъуэкӀэхэм я дэӀэпыкъуныгъэкӀи цӀыхухэр ягъэлӀэну щӀылъэм и плӀанэм тепщэныгъэ хуаӀэ хъуащ.
Хым итхьэла цӀыхухэр къитыжащ. ЛӀэныгъэми лӀахэм я дунейми цӀыху лӀауэ яӀэхэр къатыжащ икӀи тахътэм тесым дэтхэнэми илэжьа Ӏуэхухэм яхуэфащэ хьэкум трищӀыхьащ.