Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 11:21 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

21 – Гъуэгу мыгъуэ утеуващ, Хоразин къалэ! – жиӀащ абы. – Гъуэгу мыгъуэ утеуващ, Вифсайдэ къалэ! Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи деж щызлэжьа Ӏуэху телъыджэхэр къалэхэу Тиррэ Сидонрэ щызлэжьатэмэ, щыгъуэ щыгъын куэд щӀауэ ящыгърэ я нэкӀухэр фӀамыщӀкӀэ зэщӀэцӀэлауэ я гуэныхьхэм яхущӀегъуэжынт.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 11:21
31 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ирод пащтыхьым Тир, Сидон къалэхэм дэсхэм хуабжьу гужьгъэжь яхуиӀэ хъуат. А къалэхэм дэсхэр зэгурыӀуэри, Ирод деж кӀуащ. Пащтыхьым хуэлажьэ Ӏэтащхьэу Власт зи цӀэм гурыӀуэри, пащтыхьыр къаригъэкӀужыну елъэӀуащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ пащтыхьым и къэралым къраш гъавэрат ахэр зэрыпсэур.


Ахэр Галилей хэкум ит Вифсайдэ къалэм щыщ Филипп и деж кӀуэри, елъэӀуащ: – Зи щӀыхь ин, Хьисэ тлъагъуну дыхуейщ.


Хьисэ деж къыщагъэзэжым, апостолхэм ялэжьа Ӏуэхухэр абы хуаӀуэтэжащ. Хьисэ цӀыхухэм яхэкӀщ, апостолхэр зыщӀигъури, ВифсайдэкӀэ зэджэ къалэм кӀуащ итӀанэ я закъуэу.


Хьисэ цӀыху гупышхуэр иригъэжьэжыху зыпимыгъаплъэу, и гъуэгу ирикӀуэхэр кхъуафэжьейм иригъэтӀысхьащ, гуэл адрыщӀым щыӀэ Вифсайдэ къалэм кӀуэн щхьэкӀэ.


А щӀыпӀэм икӀри, Хьисэ къалэхэу Тиррэ Сидонрэ я Ӏэхэлъахэм кӀуащ итӀанэ.


Ахэр гъуэгу мыгъуэ теуващ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Каин и гъуэгу техьащ, Билеам зи цӀэм зэрищӀам хуэдэу, абыхэми ахъшэ щхьэкӀэ бзаджагъэ ящӀэ, Корейм хуэдэу я ерыщыгъэкӀэ мэкӀуэдыж.


А Филиппыр Индрисрэ Петррэ зыдэс Вифсайдэ къалэм щыщт.


Абыхэм я гъусэу Ӏуащхьэм къехыжри, Хьисэ сэтейм къыщыувыӀащ. И гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу гупышхуэ абдежым щытт. Абыхэм нэмыщӀуи, цӀыху гупышхуэ Иудей хэку псоми, Ерусалими, къалэхэу Тиррэ Сидонрэ зыӀут хы Ӏуфэхэми къикӀыурэ абдежым къыщызэхуэсащ.


Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Вифсайдэ жылэм кӀуащ абы и ужкӀэ. ЦӀыхухэм лӀы нэф гуэр къыхуашэри, абы теӀэбэну Хьисэ елъэӀуащ.


Хьисэ къалэхэу Тиррэ Сидонрэ я Ӏэхэлъахэм къикӀщ, КъалипщӀ зи цӀэ хэкум къыкӀуэцӀрыкӀри, Галилей гуэлым къекӀуэлӀэжащ абы и ужькӀэ.


Абы илэжьа Ӏуэху псори зэхахати, Иудей хэкуми, Ерусалими, Идумей хэкуми, Иордан псым и адрыщӀым щыӀэ хэкуми, къалэхэу Тиррэ Сидонрэ я лъэныкъуэкӀи цӀыху куэд къикӀри, Хьисэ деж къэкӀуащ.


ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхухэм я зэранкӀэ дунейр гъуэгу мыгъуэ теуващ. Пэжщ, апхуэдэ Ӏуэхухэр къэхъун хуейщ, ауэ ахэр къызыбгъэдэкӀ цӀыхур гъуэгу мыгъуэ теуващ.


Ауэ сэ нывжызоӀэ, къемэтмахуэм фэ гугъуехьу фшэчынум нэхърэ Тиррэ Сидонрэ гугъуехьу яшэчынур нэхъ мащӀэу къыщӀэкӀынущ.


ЕтӀуанэ махуэм Сидон къалэм дыӀухьащ. Иулий и нэфӀыр Паул щыхуэри, Паул и ныбжьэгъуу а къалэм дэсхэм зыхуэныкъуэр къратын щхьэкӀэ, абыхэм я деж кӀуэну ар хуит ищӀащ.


Апхуэдэу щыта пэтми, абыхэм ящыщ гуэрым деж Тхьэм Иляс игъэкӀуакъым, ауэ Сидон къалэм и Ӏэхэлъахэм ит Сарептэ жылэм дэс фызабэ гуэрым деж игъэкӀуащ.


А щӀыпӀэм икӀри, Хьисэ къалэхэу Тиррэ Сидонрэ я Ӏэхэлъахэм кӀуащ итӀанэ. Унэ гуэрым щыщӀыхьэм, абдежым езыр зэрыщыӀэр зыми ищӀэну хуеятэкъым, арщхьэкӀэ ар бзыщӀа хъуакъым.


– Пэжщ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм ехыжынущ, абы теухуауэ Тхьэм и псалъэу тхахэм зэрыхэтым хуэдэу. Ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыр гъуэгу мыгъуэ теуващ. А цӀыхур къамылъхуауэ щытамэ, езым дежкӀэ нэхъыфӀт.


ИтӀанэ Щынэм еханэ мыхъурыр зэрытричыр слъэгъуащ. ЩӀылъэр хуабжьу хъеящ абы щыгъуэ, дыгъэри бжэныцым къыхэщӀыкӀа щэкӀ фӀыцӀэм хуэдэ кӀыфӀ хъуащ, мазэри лъым хуэдэ плъыжь хъуащ.


Си щыхьэтитӀым лъэкӀыныгъэ естынущ икӀи абыхэм щыгъуэ щыгъынхэр ящыгъыу, я гум Тхьэм кърилъхьа псалъэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм ятеухуахэм цӀыхухэр махуэ минрэ щитӀрэ тӀощӀкӀэ ирагъэдэӀуэнущ абыхэм».


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ