17 «Бжьамийхэм дыфхуепща пэтми, фэ фыкъэфакъым; дэ гъыбзэ фхужытӀа пэтми, фэ фыгъакъым».
– Щауэр я гъусэхукӀэ, абы и гъусэхэм щыгъуэн ялъэкӀыну? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – Ауэ щауэр абыхэм пэӀэщӀэ щащӀыну махуэхэр къэунэхунущ, абы щыгъуэ нэщӀ исынущ ахэр.
А пашэм и унэм щӀыхьэри, бжьамияпщэхэри цӀыху гупышхуи зэрызехьэу, хьэдагъэ ящӀу щилъагъум,
– Адэм и къуэ нэхъыжьыр губгъуэм итти, къэкӀуэжурэ унэм и гъунэгъу къыщыхъужым, уэрэд макърэ Ӏэгуауэ макърэ зэхихащ.
Ахэр Иордан псым адэкӀэ щыт Атад хьэмэшым нэсри, щыгъыурэ абдежым ягу хэщӀу щагъеящ; зэхигъэтащ Исуф и адэм и хьэдагъэр махуиблкӀэ.
– Иджырей цӀыхухэр сытым езгъэщхьын? Уэрамым тесу, я ныбжьэгъухэм мыпхуэдэу еджэ щӀалэхэм ещхьщ:
– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Иуан къэкӀуащ. Ар нэщӀ исщ, фади ефэркъым. «Ар жин бзаджэм иӀыгъщ», хужаӀэ абы.
Уэрамым тесу, зыр адрейм еджэурэ, мыпхуэдэу жызыӀэ щӀалэхэм ещхьщ: «Бжьамийхэм дыфхуепща пэтми, фэ фыкъэфакъым; дэ гъыбзэ уэрэд фхужытӀа пэтми, фэ фыгъакъым».
ЦӀыху псоми хьэдагъэ ящӀурэ, я бгъэгухэм еуэжырт. Хьисэ жиӀащ: – Хьэдагъэ фымыщӀ. Ар лӀакъым, мэжей.
ЦӀыху гупышхуэ Хьисэ кӀэлъыкӀуэрт. Я бгъэгум еуэжурэ, Хьисэ зыгъей цӀыхубзхэри яхэтт.