16 – Иджырей цӀыхухэр сытым езгъэщхьын? Уэрамым тесу, я ныбжьэгъухэм мыпхуэдэу еджэ щӀалэхэм ещхьщ:
– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр сыт? – жиӀащ Хьисэ. – Ар сытым езгъэщхьын?
– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр сытым едгъэщхьын? – жиӀащ Хьисэ. – Хьэмэрэ сыт хуэдэ ущие хъыбаркӀэ къэдгъэнэхуэн ар зыхуэдэр?
Пэжыр нывжызоӀэ, мы Ӏуэху мыхъумыщӀэ псоми я лажьэр иджырей цӀыхухэм къатехуэнущ.
Фэ, блэ щылъхухэ, апхуэдиз бзаджагъэ фхэлъу фӀы зэрыжыфӀэнур дауэ? Жьэм къыжьэдэкӀыр гум илъырщ.
Пэжыр нывжызоӀэ, мы лъэпкъыр мыкӀуэдыж щӀыкӀэ, мы Ӏуэху псори къэхъунущ.
ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.
«Бжьамийхэм дыфхуепща пэтми, фэ фыкъэфакъым; дэ гъыбзэ фхужытӀа пэтми, фэ фыгъакъым».
ЦӀыху зэхыхьэпӀэхэм езыхэм цӀыхухэм пщӀэ лей защыхурагъэщӀынри «дин егъэджакӀуэкӀэ» зрагъэджэнри ящӀасэщ.
ЦӀыхухэм Ӏуэхухэр яригъащӀэурэ, Хьисэ жиӀащ: – Торэт егъэджакӀуэ пашэхэм фахуэсакъ! Абыхэм фащэ кӀыхьхэр ящыгъыу къакӀухьын я щӀасэщ. ЦӀыху зэхыхьэпӀэхэм езыхэм цӀыхухэм пщӀэ лей защыхурагъэщӀынри,
– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ фэ, фарисейхэр. Синэгуэгухэм тхьэмадэ тӀысыпӀэхэр щывубыдыну, цӀыху зэхыхьэпӀэхэм цӀыхухэм пщӀэ лей защыхуевгъэщӀыну фи щӀасэщ.