13 умэхъакӀуэ Иуан и зэманым къэсыху, бегъымбар псори, Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм итхэри а тепщэныгъэшхуэр къызэрыунэхунум тепсэлъыхьэу щытащ.
Торэт хабзэм и Ӏуэху хэмылъу, Тхьэм цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур къигъэнэхуащ иджы. Торэт хабзэмрэ бегъымбархэм къыжаӀахэмрэ а гъуэгум щыхьэт хуохъу.
Ерусалим дэсхэмрэ абыхэм я пашэхэмрэ цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр зэры-Хьисэр ящӀэжакъым. Абы укӀ тралъхьащ, бегъымбархэм я псалъэу щэбэт махуэ къэс синэгуэгухэм къыщызэджэхэр а цӀыхухэм пэж ящӀащ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ.
– Сыщывигъусам нывжесӀауэ щытар мыращ: Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэми, адрей бегъымбархэм я тхылъхэми, Сабурми сэ къыстеухуауэ ит псори къысщыщӀурэ пэж хъун хуейщ, – къажриӀащ Хьисэ абыхэм.
Муси адрей бегъымбар псоми я деж къыщыщӀэдзауэ Тхьэм и псалъэу тхахэм езым теухуауэ хэтхэр ягуригъэӀуащ Хьисэ.
УмэхъакӀуэ Иуан* и махуэхэм къыщыщӀэдзауэ нобэр къыздэсым цӀыхухэм Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм гугъуехь ирагъэшэчащ икӀи бзаджащӀэхэм а тепщэныгъэшхуэр залымыгъэкӀэ яубыдыну и ужь итщ;
Ар къабыл фщӀыну фыхуеймэ, умэхъакӀуэ Иуан къэкӀуэну щыта Иляс бегъымбарыр аращ.