Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 10:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 Сымаджэхэр вгъэхъуж, лӀахэри къэвгъэтэджыж, уэшын уз зэфыкӀхэми а узыр ящхьэщыфх, жин бзаджэхэри цӀыхухэм яхэфхуж. Абы фэ пщӀэ щӀэфтакъым, фэри пщӀэ къеӀывмых.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 10:8
15 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

– Сэ дыжьыни дыщи сиӀэкъым, – жиӀащ Петр, – ауэ сиӀэр узот: Назарет щыщ Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ унафэ пхузощӀ, къэтэджи, зекӀуэ!


Аращи, уэ уи Къуэ лъапӀэ Хьисэ и цӀэкӀэ сымаджэхэр бгъэхъужыну, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къэбгъэлъэгъуэну икӀи Ӏуэху телъыджэхэр блэжьыну уи Ӏэр къытхуэший!


Сымаджэхэр абдежым щывгъэхъуж, мыпхуэдэуи яжефӀэ: «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр гъунэгъу къыфхуэхъуащ».


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр къриджэри, жин бзаджэхэр цӀыхухэм хахуну тепщэныгъэ яритащ абыхэм икӀи уз зыпкърыт дэтхэнэ цӀыхури дэтхэнэ цӀыху гукъыдэмыжри ягъэхъужыну лъэкӀыныгъэ яритащ.


я ӀэхэмкӀи блэхэр къаубыдынущ; ажал къызыхэкӀын гуэр ефэкӀи, зыри къащыщӀынукъым; абыхэм я Ӏэхэр зытралъхьэ сымаджэхэр хъужынущ.


ФыкӀуи, «Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащ», жыфӀи хъыбар евгъащӀэ.


Фи бгырыпххэм дэлъу, дыщи, дыжьыни, гъуаплъэ ахъши здэвмыщтэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ