42 Хэтми, мы цӀыху цӀыкӀухэм ящыщу гуэр си гъуэгу зэрырикӀуэм щхьэкӀэ зы псы щӀыӀэ фалъэ нэхъ мыхъуми езыгъафэм, пэжыр нывжызоӀэ, и ӀыхьэфӀыр фӀэкӀуэдынукъым.
Тхьэр захуэщ. Фэ влэжьа Ӏуэхур щыгъупщэнукъым. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъуамкӀи иджыри дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъумкӀи Тхьэм хуэвгъэлъэгъуа фӀылъагъуныгъэр щыгъупщэнукъым.
– Пащтыхьым абыхэм жэуап яритынущ: «Пэжыр нывжызоӀэ, си къуэш* я нэхъ цӀыкӀу дыдэхэм ящыщ гуэрым хуэфщӀар сэ къысхуэфщӀауэ мэхъу».
– Фысакъ, мы цӀыкӀухэм ящыщ зыри нэмыплъ евмыт; сэ нывжызоӀэ, мы цӀыкӀухэм я мелыӀыч уафэгурысхэм си Адэу уафэм щыӀэм и нэгур зэпымыууэ ялъагъури.
ЦӀыхур тэным хуэхьэзырмэ, итынур иӀэм елъытащ, имыӀэм елъытакъым Тхьэм а тыгъэр къабыл зэрищӀыр.
Фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, абыхэм фӀы яхуэфщӀэ, къыфхуащӀэжынкӀэ фащымыгугъыу щӀыхуэ ефт. Апхуэдэу фщӀымэ, Тхьэм къыфхуигъэфэщэну ӀыхьэфӀыр ин хъунущ, Тхьэуэ Лъагэм и бынуи фыщытынущ; фӀыр зыхуэдэр зыгурымыӀуэ цӀыхухэми, цӀыху бзаджэхэми Тхьэр фӀыуэ яхущытщи.
– Абы мы цӀыкӀухэм ящыщ гуэрым гуэныхь ищӀэну дригъэхьэх нэхърэ, щхьэл мывэ и пщэм кӀэращӀэу хым хадзатэмэ, езым дежкӀэ нэхъыфӀт.
Апхуэдэу, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэр мы цӀыкӀухэм ящыщ зыри кӀуэдыну хуейкъым.