Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 10:41 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

41 Хэтми, бегъымбарыр зэрыбегъымбарым щхьэкӀэ езыгъэблагъэм бегъымбарым и ӀыхьэфӀыр игъуэтыжынущ. Хэтми, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхур, абы и щыпкъагъэм щхьэкӀэ езыгъэблагъэм щыпкъагъэ зиӀэ цӀыхум и ӀыхьэфӀыр игъуэтыжынущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 10:41
27 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэр захуэщ. Фэ влэжьа Ӏуэхур щыгъупщэнукъым. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъуамкӀи иджыри дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъумкӀи Тхьэм хуэвгъэлъэгъуа фӀылъагъуныгъэр щыгъупщэнукъым.


Фэ фщӀа Ӏуэхур фымыгъэкӀуэд икӀи фи ӀыхьэфӀыр ирикъуауэ вгъуэтын щхьэкӀэ, фызыхуэсакъыж.


АтӀэ иджы етыж фызыр лӀым: сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар бегъымбарщ, Тхьэм пхуелъэӀунурэ, уэри упсэунущ; ауэ иумытыжмэ, зэгъащӀэ Ӏэмал имыӀэу уэри ууей псори фызэрылӀэнур.


Ар сыхуейуэ сщӀэмэ, ӀыхьэфӀыр згъуэтынущ. Ауэ сфӀэмыфӀу сщӀэмэ, Тхьэм си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхур згъэзащӀэ къудейуэ арщ.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, и мелыӀычхэр щӀыгъуу, и Адэм и щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ иӀэу къэкӀуэжынущ. Хэти ищӀам хуэфащэ иригъэгъуэтыжынущ абы щыгъуэ.


Гайуэ, сэ, Паул, си бысымми, члисэ зэхуэсым зэкӀэ ди бысымми фӀэхъус къывехыж. Къалэм и ахъшэр зи ӀэмыщӀэ илъ Ерастрэ ди къуэш Квартрэ фӀэхъус къывахыж.


Ауэ уэ Тхьэм ущелъэӀукӀэ, уи пэшым щӀыхьэж, бжэр къэгъэбыди, цӀыхухэм я дежкӀэ нэрымылъагъу уи Адэ лъапӀэм елъэӀу. ЦӀыхухэм щэхуу ящӀэр зылъагъу уи Адэ лъапӀэм уи ӀыхьэфӀыр къыуитынущ итӀанэ.


Ари и унэм исхэри думэхъащ дэ. Арати, а цӀыхубзыр къыдэлъэӀуащ: – ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм сащыщу флъытэмэ, си унэм фынеблагъэ. Ар ди фӀэщ ищӀри, дригъэблэгъащ.


уэ пта псапэ тыхьыр щэхуу къэнэн щхьэкӀэ. Уи Адэ лъапӀэу цӀыхухэм щэхуу ящӀэр зылъагъум уи ӀыхьэфӀыр къыуитынущ итӀанэ.


– Псапэ щыфщӀэкӀэ, цӀыхухэм евгъэгъэщӀэгъуэн мурадкӀэ абыхэм ялъагъуу зэрывмыщӀэным фыхуэсакъ. Армыхъумэ, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм ӀыхьэфӀыр къыфхуигъэфэщэнукъым.


Тхьэм хэт елъэӀуми, зыщӀэлъэӀур иӀэ хъунущ, хэт сыт къилъыхъуэми, зылъыхъуэр къигъуэтынущ; куэбжэм теуӀуэми Тхьэм къыхуӀуихынущ.


– Абыхэм пащтыхьым къыжраӀэнущ: «Зиусхьэн, уэ умэжа-лӀэу, е псы пхуэлӀэу, е ухамэу, е зыщыптӀэгъэн уимыӀэу, е усымаджэу, е лъэхъуэщым ущӀэсу утлъагъуу, ди фӀагъ уэдмыгъэкӀыу сыт щыгъуэ укъыщыдгъэнар?»


– Пащтыхьым абыхэм жэуап яритынущ: «Пэжыр ныв-жызоӀэ, мы цӀыкӀу дыдэхэм ящыщ гуэрым хуэвмыщӀар сэ къысхуэвмыщӀауэ мэхъу».


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ