34 – ЩӀылъэм зэгурыӀуэныгъэ къыхуэсхьын щхьэкӀэ, сыкъэ-кӀуауэ фи мыгугъэ. ЗэгурыӀуэныгъэр къэсхьын щхьэкӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ джатэ къэсхьын папщӀэщ;
А къалэм дэс цӀыхухэр лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъуащ. Языныкъуэхэр журтхэм, адрейхэр апостолхэм ягухьащ.
Ауэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуну зымыдэ журтхэм хамэ лъэпкъ щыщхэр зэщӀагъэплъэри, къуэшхэм къыхуагъэгубжьащ.
НэгъуэщӀ шы гуэр, шы пцӀэгъуэплъ гуэр, къэхутащ абдежым. Абы тесым дунейм мамырыгъэр трихыну икӀи цӀыхухэр зэригъэукӀыну Тхьэм хуитыныгъэ къритащ. МелыӀыч гуэрми джатэшхуэ ӀэщӀилъхьащ абы.
Паул а псалъэхэр щыжиӀэм, хуабжьу зэныкъуэкъуурэ, журтхэр унэм щӀэкӀыжащ.