29 Бзу цӀыкӀуитӀыр зы хъурыщэкӀэ ящэркъэ? Апхуэдэу щытми, фи Адэ лъапӀэр хуэмеймэ, абыхэм ящыщ зыри щӀым къытехъуэнукъым.
Пэжыр сэ ныбжызоӀэ, зы хъурыщи* къыпхуэмынэжыху щӀумытауэ, лъэхъуэщым укъыщӀэкӀыжыфынукъым.
Уэгум щызелъатэ бзухэм феплъыт: абыхэм жылэ ясэркъым икӀи гъавэ къахыжыркъым, гуэнхэми иракӀутэркъым, апхуэдэу щыт пэтми, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм ахэр егъашхэ. Фэ абыхэм нэхърэ куэдкӀэ фынэхъ лъапӀэкъэ?
Фызабэ тхьэмыщкӀэ гуэр къакӀуэри, гъуаплъэ ахъшэ жьгъеитӀ дилъхьащ пхъуантэм. Ар зы хъурыщэ хуэдизт зэрыхъур.