24 – ЕджакӀуэр езыгъаджэм нэхърэ нэхъ инкъым, унэӀутри и тепщэм нэхърэ нэхъ инкъым.
Сэ вжесӀа псалъэхэр фигу къэвгъэкӀыж: ӀуэхутхьэбзащӀэр и тепщэм нэхърэ нэхъыщхьэкъым. Сэ гугъуехь сагъэшэчащ, фэри гугъуехь фагъэшэчынущ. Сэ си псалъэхэм едэӀуау щытамэ, фэ фи псалъэхэми едэӀуэнущ.
ЕджакӀуэр езыгъаджэм нэхърэ нэхъ инкъым, ауэ псори зригъэщӀа нэужь, езыгъаджэм хуэдэ мэхъу хэти.
Пэж дыдэр нывжызоӀэ, ӀуэхутхьэбзащӀэр и тепщэм нэхърэ нэхъыщхьэкъым; апхуэдэуи, лӀыкӀуэр езыр зыгъэкӀуам нэхърэ нэхъыщхьэкъым.
ЕджакӀуэр езыгъаджэм хуэдэ хъумэ, ар хурикъунущ, унэӀутри и тепщэм хуэдэ хъумэ, ар хурикъунущ. Унэр зейм ВелзевулкӀэ щеджэкӀэ, унагъуэм исхэми абы нэхъри нэхъ Ӏеиж хужаӀэнкъэ?