20 Къэпсэлъэнур фэракъым, атӀэ фи Адэ лъапӀэм и Псэ ЛъапӀэу фи гум илъыращ.
Ауэ Стефан и акъылыфӀагъэм щхьэкӀи, и псалъэхэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм зэрыжригъэӀам къыхэкӀкӀи пэлъэщын ялъэкӀытэркъым.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къывэныкъуэкъухэр къыфпэувыжынуи къыфпэпсэлъэжынуи ялъэмыкӀын щхьэкӀэ, псалъэ Ӏущхэр фӀурыслъхьэнущ, акъылыфӀагъи фэстынущ.
жыфӀэн хуейр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм асыхьэт дыдэм фигъэщӀэнущи.
Бегъымбархэм я псалъэхэр езыр-езыру жаӀакъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм а псалъэхэр бегъымбархэм я гум кърилъхьэри къаригъэӀуэтащ.
Ар щыжаӀэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Петр и гум хуабжьу хыхьэри, яжриӀащ: – Ди лъэпкъ пашэхэ, ди нэхъыжьхэ!
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр а псоми я гум хуабжьу хыхьэри, хамэбзэхэмкӀэ псалъэу щӀадзащ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къызэригъэпсэлъам хуэдэу.
къыжысӀэр къыжызэзыгъыӀэр зэры-Мэссихьыр згъэпэжыну фыхуейщи. ЛъэкӀыныгъэ имыӀэу аракъым Мэссихь къызэрывдэгъуэгурыкӀуэр. Абы и лъэкӀыныгъэшхуэр фи деж къыщегъэлъагъуэ.
Бегъымбархэр зытепсэлъыхьу щыта Ӏуэхухэр езыхэм я зэманым къэмыхъуу, фэ фи зэманым къызэрыхъунур Тхьэм къагуригъэӀуэгъащ. Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу уафэм къахуригъэхам и лъэкӀыныгъэкӀэ хъыбарыфӀыр къыфхуэзыӀуатэхэм мы Ӏуэхухэм я хъыбарыр иджы фи деж къагъэсащ. А Ӏуэхухэм яхэплъэну мелыӀычхэри хуейщ.
А журтхэр зэгурымыӀуэу, зэбгрыкӀыжыну щыхуежьэм, Паул мы псалъэхэр жиӀащ: – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи адэжьхэм ятеухуауэ щыпкъагъэр Ешайа бегъымбарым жригъэӀащ:
Ауэ Щаулу ПаулкӀи зэджэм и гум Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр хуабжьу хыхьэри, и нэхэр Елимэ триубыдауэ жиӀащ:
Аращи, фэ фыбзаджэ пэтми, фи бынхэм фӀыгъуэ зарефтынур фощӀэ. АтӀэ, абы нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыбэ яритынукъэ Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм и Псэ ЛъапӀэм къелъэӀухэм?
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм езы Даут и гум кърилъхьэри, мыпхуэдэу къыжригъэӀакъэ: «Тхьэуэ Зиусхьэным сэ си Зиусхьэным къыжриӀащ: Уи бийхэр уи лъэгу къыщӀэзгъэувэху, си ижьырабгъумкӀэ къызбгъэдэтӀысхьэ»?
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апхуэдэ Ӏуэху псорищ дунейм тет лъэпкъхэм къалъыхъуэр. А псоми фэ фызэрыхуэныкъуэр фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм ищӀэркъэ?
Тхьэм фӀыщӀэ зэпымыууэ худощӀ. Тхьэм и псалъэхэр щыфлъэдгъэӀэсам, цӀыхухэм я псалъэхэм хуэмыдэу, атӀэ Тхьэм и псалъэхэм хуэдэу фщтащ, ипэжыпӀэкӀи Тхьэм и псалъэщ ахэр. А псалъэхэр фэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, фи гум илъщи, ӀуэхуфӀ фи гум щалэжь.