16 – Мэуэ фыкъэдаӀуэ, дыгъужьхэм мэл хуэдэ фахызогъыхьэ. Аращи, блэхэм хуэдэу Ӏущу фыщыт, гъэпцӀагъэ зыхэмылъ тхьэрыкъуэхэм ещхьу фыщыт.
ФыкӀуэ! Дыгъужьхэм щынэ хуэдэ фахызогъыхьэ.
къуаншагъэ лъэпкъ фэ вбгъэдэмылъын икӀи гукъабзагъэ фиӀэн щхьэкӀэ. Апхуэдэу щыхъукӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, цӀыху ерыщу икӀи къуаншэхэм фахэтми, Тхьэм фрибынынущ.
Си къуэшхэ, фи гупсысэкӀэкӀэ сабийхэм яхуэдэ фымыхъу. Бзаджагъэ зыхэмылъ сабийхэм лажьэ зэрамыӀэм хуэдэу, фэри фремыӀэ, фи гупсысэкӀэкӀи зи ныбжь нэса цӀыхухэм хуэдэ фыхъу.
Игъуэр блэвмыгъэкӀыу, фэ къыфщымыщ цӀыхухэм акъылыфӀагъэкӀэ фахущыт.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къывэныкъуэкъухэр къыфпэувыжынуи къыфпэпсэлъэжынуи ялъэмыкӀын щхьэкӀэ, псалъэ Ӏущхэр фӀурыслъхьэнущ, акъылыфӀагъи фэстынущ.
Сэ дунейм сехыжа нэужь, хъушэм щымысхьыну дыгъужь бзаджэхэр къызэрыфхыхьэнур сощӀэ.
Ауэ блэжьым Хьэуа зи цӀэр хьилагъэкӀэ зэригъэпцӀам хуэдэу, фэри фи щхьэр зэӀигъыхьэу, Мэссихь щыпкъагъэу хувиӀэм фи щӀыбагъ хуэвгъэзэнкӀэ сошынэ.
Сыт хуэдэ бзаджагъэми пэӀэщӀэ зыфщӀ.
Ар гъэщӀэгъуэнкъым. Езы шейтӀаным нэхум и мелыӀыч хуэдэу зегъэӀу.
Зиусхьэну Тхьэм къигъэщӀа губгъуэ хьэкӀэкхъуэкӀэхэм ящыщу блэр псоми нэхърэ нэхъ хьилэшыт. Абы жриӀащ цӀыхубзым: – Пэж дыдэу жиӀа Тхьэм, «Жэнэтым щыкӀ жыгхэм ящыщу зым и пхъэщхьэмыщхьи фымышх», жиӀэу?
Зыми дызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, гукъабзагъэкӀи щыпкъагъэкӀи фэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, дыфхэту зэрыщытамкӀэ фыдищыхьэтщ, Тхьэри ди щыхьэтщ.
Аращи, фи хъыбарыр щызэхэтха махуэм щыщӀэдзауэ, Тхьэм дыфхуелъэӀуныр зэпыдгъэуакъым. Тхьэр зыхуейр нэсауэ къывгуригъэӀуэнуи, и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ акъылыфӀагъэ псори гурыӀуэныгъэ псори фиӀэнуи долъэӀу.
Мыращ дызэрыпагэр: Хьилагъэ лъэпкъ ди гум имылъу, Тхьэм и гум ирихь мурад къабзагъэ диӀэу мы дунейм, псоми япэу фи деж, дызэрыщыпсэуамкӀэ ди гур щыхьэт мэхъу. Тхьэм и нэфӀ къызэрытщыхуам папщӀэ апхуэдэу дыпсэуащ, ахъумэ мы дунейм тет цӀыхухэм я акъылыфӀагъэу жыхуаӀэм и хьэтыркӀэкъым.
Мы тыгъэшхуэр зэрызетхьэ щӀыкӀэм щхьэкӀэ, цӀыхухэм дызэрамыгъэкъуэншэным дыщӀэкъун хуейщ.
– Сыт ар уэ щӀэпщӀар? – жриӀащ Зиусхьэну Тхьэм цӀыхубзым. – Блэм сыдригъэхьэхри, сшхащ, – жиӀащ цӀыхубзым.
Мис, а Ӏуэхухэр къэхъун и пэкӀэ абыхэм я хъыбар нывжесӀащ.
– Хэт атӀэ, зэхэщӀыкӀ иӀэрэ, зыщыгугъ хъун унэӀуту тепщэм езым и унэӀутхэм унафэщӀ яхуищӀар, шхын ичэзум къаритын щхьэкӀэ?
Абыхэм ящыщу тхур ахьмакът, тхур Ӏущт.
Ӏущхэм уэздыгъэхэри дагъэ зэрыт дагъалъэхэри къыздащтащ.
– Хъыджэбз Ӏущхэм жэуап къратащ: «Фэри дэри ар тхурикъунукъым. Дагъэ зыщэхэм я деж фыкӀуэрэ дагъэ къэфщэхумэ, нэхъыфӀщ».