Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Маттэ 1:23 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

23 «Хъыджэбзыр лъэщыджэ хъунущ, къуэи къилъхунущ. Абы цӀэуэ фӀащынур Еммануилщ. „Тхьэр ди гъусэщ“, аращ а цӀэм къикӀыр».

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Маттэ 1:23
18 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

А Псалъэр цӀыху хъуащ, икӀи къытхэтащ. Абы и щӀыхьышхуэри тлъэгъуащ. Ар Адэ лъапӀэм и Къуэ закъуэм и щӀыхьышхуэр арщ. НэфӀ щыхуэныгъэрэ щыпкъагъэрэ абы игу илъу щытащ.


Ди Тхьэм щыхь уэрэдыр хужыфӀэ, щӀыхь уэрэдыр хужыфӀэ, ди пащтыхьым щӀыхь уэрэдыр хужыфӀэ, хужыфӀэ.


Зэрышэчыншэщи, ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур инщ: Тхьэр цӀыхуу къэлъэгъуащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и щыпкъагъэр къигъэнэхуащ, мелыӀычхэм заригъэлъэгъуащ. И ӀурыщӀэхэм абы и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ирагъэщӀащ. Дунейм тет цӀыхухэм абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ.


унафэу нывжесӀа псори ягъэзэщӀэну яхуэвгъэув. Пэж дыдэщ ар, дунейм и кӀэухым нэсыху сыт щыгъуи сывигъусэнущ сэ. Ӏэмин.


Зиусхьэныр уи псэм гъусэ хурехъу. Тхьэм и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.


Ахэращ ди адэшхуэхэм къатехъукӀа цӀыхухэр. ЦӀыхум хуэдэу, езы Мэссихьи абыхэм я лъэпкъым щыщщ. Езыр арщ псоми нэхърэ нэхъ ину, мыкӀуэдыж щӀыхьышхуэр зиӀэ Тхьэр. Ӏэмин.


Сэ жыхуэсӀэр мыращ: ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀауэ щыт пэтми, Тхьэм ахэр къуаншэу имылъытауэ, Мэссихь къыпкъырыкӀыу дунейм и цӀыхухэр езым зригъэкӀужащ Тхьэм, цӀыхухэр езым зэрызригъэкӀужам и хъыбарыр абыхэм едгъэщӀэну ди пщэм къыдилъхьащ.


Жэщ гуэрым Зиусхьэныр Паул къыхуэхутэри къыжриӀащ: – Умышынэ, ауэ зумыущэху, псалъэ зэпыт,


Хамэ псоми зэхахын щхьэкӀэ, езым и хъыбарыфӀ псори яхуэсӀуэтэну Зиусхьэныр къызбгъэдыхьэри къару къызитащ. Аслъэным и жьэм сыкъыжьэдихыжам хуэдэщ ар.


Исуф къэушри, Зиусхьэным и мелыӀычым къызэрыжриӀам тету зекӀуащ икӀи Мэрием къишащ.


А псом яужкӀэ, иджыри сыт жытӀэнур? Тхьэр ди гъусэмэ, хэт къытпэувын зылъэкӀынур?


– Езы Даут Мэссихьым «Си ЗиусхьэнкӀэ» йоджэ, – къыщӀигъужащ Хьисэ. – Апхуэдэу щыщыткӀэ, Мэссихьыр Даут и Къуэу дауэ зэрубжынур?


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ